Кисловодск и хьэщIэ щэ бжыгъэхэр, къалэ паркым и дахагъэм итхьэкъуауэ, Никольскэ члисэ зэхуэхьэсам макIуэ, «Святыни земли родной» члисэ-тхыдэ музейр здэщыIэм. Музейм зэпымыууэ щIыпIэ куэдым къикIа хьэщIэхэр ирегъэблагъэ. Псом хуэмыдэу Урысейм и чристэн динымрэ лъахэм и тхыдэмрэ зыфIэгъэщIэгъуэн ныбжыьщIэхэр.
2018 гъэм мэкъуауэгъуэм и 28-м музейм ирагъэблэгъащ Воронеж и духовнэ семинарием къыщIэкIахэр. НыбжьыщIэхэр набдзэгубдзаплъэу еплъащ музейм щIэлъ хьэпшыпхэм, члисэ зэхуэхьэсар зэрызэхэкъутамрэ ар къызэрагъэщIэрэщIэжамрэ теухуа тхыдэм едэIуащ, щIэныгъэ, методикэ лэжьыгъэхэм, щоджэнхэм я псэукIам зыхагъэгъуэзащ. Воронеж и духовнэ семинарием и проректор Ревэ Константин ядэгуэшащ XVII-XVIII лIэщIыгъуэхэм макъамэ зэратхыу щытам хэлъ щхьэхуэныгъэхэмкIэ.
Музейм гъэмахуэ зыгъэпсэхугъуэхэм ирихьэлIэу сабийхэм зыщаплъыхь. Мы мазэм къриубыдэу музейм зыщаплъыхьащ къалэм, Кавказым и Минводы къикIа еджакIуэ 500-м.
Мэкъуауэгъуэм и 29-м музейм къэкIуащ курыт еджапIэ №17-м и гъэмахуэ лагерым екIуалIэхэр. Сабийхэр хагъэгъуэзащ Урысейр умэхъын зэращIам, япэ чристэн члисэхэр зэраухуам. Абыхэм зыхагъэгъуэзащ тхылъыжьхэм, блэкIа лIэщIыгъуэхэм къагъэсэбэпу щыта хьэпшыпхэм, ХIXлIэщIыгъуэм щыIа фисгармоние макъамэ Iэмэпсымэм щаIэ зэфIэкIым еплъащ. НыбжьыщIэхэм щIэщыгъуэ ящыхъуащ Хэку зауэшхуэм теухуа плIанэпэр – сурэтхэр, зауэм къратхыкIа письмохэр, Iэщэхэр, нэмыцэ, совет зауэлIхэм я каскэхэр. Псом хуэмыдэу зыплъыхьакIуэм увыпIэфI щиубыдащ Тхьэм папщIэ бэлыхь куэд зрагъэшэча Гливенкэ Димитрий и ехъулIэныгъэхэм, илъэс 20-м щIигъукIэ
Свято-Никольскэ члисэ зэхуэхьэсам къулыкъу щызыщIам икIи 1938 гъэм Христос папщIэ бэлыхь хадзам. Абы и гъащIэм пыщIа псори ныбжьыщIэхэм щIэщыгъуэ ящыхъуащ, абы и цIэр екIуэлIапIэм и тхьэмахуэ школым зэрехьэ. ЗыплъыхьакIуэм иужькIэ еджакIуэхэр фильм ирагъэплъащ, апостол пэлъытэ джыназ Владимиррэ
Урысейр умэхъын зэращIамрэ ятеухуауэ.
Урысейр умэхъын зэращIрэ илъэс 1030-рэ зэрырикъур зэрагъэлъапIэм къриубыдэу «Святыни земли родной» музейм гъэлъэгъуэныгъэ къыщызэрагъэпэщащ, абы ехьэлIауэ. Члисэ музейр и хьэщIэхэм махуэ къэси поплъэ сыхьэти 10-м щыщIэдзауэ 17 пщIондэ.