Железноводск и члисэхэр къалэм и щIыпIэ нэхъ дахэхэм ящыщу къалъытащ

14.06.2018
Просмотры: 4267

TripAdvisor дунейпсо сервисым къызэрилъытамкIэ, щIыналъэ псоми я зыгъэпсэхуакIуэхэм я еплъыкIэм тету, къалэм и щIыпIэ дахэ пщIы бжыгъэхэм ящыщщ Покров, Ольгинскэ члисэхэр. Нэхъыбэу здэкIуэ щIыпIэ хъуащ Курорт члисэр. Туристхэм щIыуэпсыр, хьэуа къабзэр, терренкурхэр ягу дохьэ. «Смирновскэ псы къыщIэжыпIэм» щыIахэм псы хущхъуэр къалъытащ. Пушкиным и галерее зэрагъэпэщыжар куэдым ягу ирихьащ, Каскад дэкIуеипIэр Петергофскэм ирагъэпщащ.
Покров, Ольгинскэ члисэхэр Железноводск и щIыпIэ дахэхэм я 7-8 увыпIэхэм щытщ. ЩIыпIэ нэхъ дахипщIым ящыщу къалъытащ Славяновскэ, Лермонтовскэ бюветхэр, Бухарскэ эмирым и уардэунэр.

4267
Фотогалерея