2018 гъэм гъэм мэкъуауэгъуэм и 9-м Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт тхьэлъэIу литургие щригъэкIуэкIащ Карачаевск и Пантелеимоновскэ члисэм. Щоджэн нэхъыщхьэм къулыкъур драгъэкIуэкIащ епархием къэзакъхэм ядэлэжьэнымкIэ и къудамэм и щоджэн нэхъыжь Фещенкэ Стефан, Ипщэ Къэрэшей-Шэрджэс члисэ округым и екIуэлIапIэхэм я благочиннэ щоджэн нэхъыжь Субтельный Евгений я пашэу. Къардэн къулыкъур иригъэкIуэкIащ къардэн нэхъыжь Кубэ Димитрий.
ХъыбарыфIхэр зэрыт тхылъ лъапIэм итхэм къеджа нэужь, Пастыр нэхъыщхьэм фIэщхъуныгъэ зиIэхэм узэщIыныгъэкIэ захуигъэзащ. ТхьэлъэIу нэужьым щихънагъыр епсэлъащ икIи я гъусэу сурэтхэр зытригъэхащ екIуэлIапIэм къэкIуахэм.
А махуэ дыдэм архиепископ Фелофилакт Къэрэшей-Шэрджэс къэрал университетым щыIащ. Зэхыхьэр ирагъэжьащ еджапIэ нэхъыщхьэм и ректор Узденов ТаусолтIан IущIэри. Зэхыхьэм хэтащ къалэм и мэр Динаев Алий, Карачаевскэ муниципальнэ районым и администрацэм и Iэтащхьэ Кущетеров Спартак. Пастыр нэхъыщхьэм и гъусэу зэхыхьэм хэтащ щоджэн нэхъыжь Субтельный Евгений, Фещенкэ Стефан, Карачаевск и Пантелеимоновскэ члисэм и унафэщI щоджэн Фоменкэ Сергий. ЕджапIэ нэхъыщхьэм и ректорыр къытеувыIащ университетыр илъэс 80 зэрырикъум зэрызыхуагъэхьэзырым, 2018 гъэм жэпуэгъуэм.
Юбилей зэхыхьэхэм ирихьэлIэу щихънагъым къыхилъхьащ зэIущIэ къызэрагъэпэщыну, алан члисэм теухуауэ. Унафэ ящIащ пасэрей лъапIэныгъэхэм зэIущIэхэр траухуэну, щIэныгъэ-практикэ семинархэр ирагъэкIуэкIыну. Студент- тхыдэджхэм ящыщ волонтёрхэр дэIэпыкъэугъу хъунущ Карачаевск и Сентинскэ члисэм хабзэр къыщызэпамыудынымкIэ. Щоджэным къыхигъэщащ Алан чристэн центр къызэгъэпэщыным пасэрей чристэн лъапIэныгъэхэр къэгъэщIэрэщIэжыным ехьэлIа Iуэхухэр зэригъэкIуэтэнур. Архиепископ Феофилакт аргуэру зэ фIыщIэ хуищIащ КъШР-м и Iэтащхьэ Темрезов Рашид, центр къызэрагъэпэщыну къызэрыхилъхьам папщIэ. ЗэIущIэм щытепсэлъыхьащ щIыналъэ лъапIэхэм Тхьэ щелъэIун Iуэхум зрагъэужьыну, республикэм и хьэщIэхэм папщIэ профессиональнэ экскурсоводхэр гъэхьэзырыным. Архиепископ Феофилактрэ къэрал университетым и студентхэмрэ сыхьэтитIкIэ зэпсэлъащ икIи Iуэхугъуэ 20-м нэблагъэм я гугъу ящIащ. Щоджэн нэхъыщхьэр къэпсэлъа нэужь, иджырей жылагъуэр диным зэрыхущытым, лъэпкъ зэхущытыкIэхэм ехьэлIахэм къытеувыIащ. Студентхэмрэ егъэджакIуэхэмрэ упщIэ куэд ятащ. УпщIэ нэхъыфIитI
къэзытахэм щихънагъым саугъэтхэр яритащ.