Дзэ частым и члисэм махуэшхуэм щыIущIащ

02.06.2018
Просмотры: 3312

2018 гъэм мэкъуауэгъуэм и 1-м, джыназ Донской Дмитрий и фэеплъ махуэм, пащтыхь шэнтиуэ махуэр щагъэлъапIэ 34-нэ шабзауэ бригадэ щхьэхуэм и Iэгъуэблагъуэм щыIэ члисэм. Махуэшхуэ тхьэлъэIур члисэм щрагъэкIуэкIащ Ипщэ Къэрэшей-Шэрджэс члисэ округым и екIуэлIапIэхэм я благочиннэ щоджэн нэхъыжь Субтельный Евгений, Псыхуабэ епархием IэщэкIэ зэщIэузэда къарухэм ядэлэжьэнымкIэ и къудамэм и унафэщI щоджэн нэхъыжь Сорокин Константин, 34- нэ бригадэм и унафэщIым фIэщхъуныгъэ зиIэхэм ядэIэпыкъунымкIэ и дэIэпыкъуэгъу щоджэн Афонин Иоанн, 346-нэ бригадэм и унафэщIым фIэщхъуныгъэ зиIэ зауэлIхэм ядэлэжьэнымкIэ и дэIэпыкъуэгъу щоджэн Андреев Евгений. Зэгъусэ тхьэлъэIу нэужьым щоджэнхэр бригадэм щыщхэм ехъуэхъуащ. 34-нэ бригадэм и унафэщIым и къалэнхэр зыгъэзащIэ подполковник Карчегаев Иса щоджэнхэм дзэ частым и Iэгъуэблагъэм зыщригъэплъыхьащ.

3312
Фотогалерея