2018 гъэм накъыгъэм и 31-м Псыхуабэ къалэм и Тхьэнапищ члисэм и «Совенок» центрым сабийхэр къыщIагъэкIащ. ЦIыкIухэм щIэныгъэ зыIэрагъэхьащ. БжэкIэ, еджэкIэ зрагъэщIащ, псалъэхэр зэпагъэувэу зрагъэсащ, инджылызыбзэм япэ лъэбакъуэхэр хачащ. Зэпеуэ куэдым къагъэлъэгъуащ япэ классым кIуэнухэр щIэныгъэм зэрыхуэпабгъэр. Сабий тIощIрэ тхурэ япэ классым кIуащ. Пшыхьыр щиухым псори шей зэдефащ, зэпсэлъащ.