2018 гъэм накъыгъэм и 30-м Новоблагодарнэ къуажэм и сабий садым махуэшхуэ щрагъэкIуэкIащ. Актовэ пэшым щызэхуэсащ гъэсакIуэхэр, сабий гъэсапIэм и лэжьакIуэхэр, ирагъэблэгъа хьэщIэхэр, къуажэм и Iэтащхьэр, адэ- анэхэр, сабий садыр къэзыух цIыкIухэр.
Махуэшхуэм уэрэдхэр, усэхэр щыIуащ, зэпеуэхэр щрагъэкIуэкIащ. Сабий садыр къэзыуххэм гъэсакIуэхэмрэ IуэхущIапIэм и лэжьакIуэхэмрэ фIыщIэ хуащIащ. Зэхыхьэм ирагъэблэгъа Тхьэм и Анэм и Покров члисэм и унафэщI щоджэн нэхъыжь Углов Сергий къызэхуэсахэм хъуэхъукIэ захуигъэзащ икIи ныбжьыщIэхэм чэнджэщ яритащ гъащIэм и дерсхэр – гъэсакIуэхэм кърата хуабагъэр, лъагъуныгъэр, ныбжьэгъугъэр, гуфIэгъуэр зыщамыгъэгъупщэну.