2018 гъэм накъыгъэм и 29-м, Тхьэнапищым и ещанэ махуэм, Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт тхьэлъэIу литургие щригъэкIуэкIащ Совхознэ къуажэм (КъБР) и Свято-Троицкэ Серафимовскэ цIыхубз къулъшырыфым.
Щоджэн нэхъыщхьэм къулыкъур драгъэкIуэкIащ: епархием и Административнэ секретариатым и унафэщI щоджэн Яковенкэ Илия, епархием къэзакъхэм ядэлэжьэнымкIэ и къудамэм и унафэщI щоджэн нэхъыжь Фещенкэ Стефан, Налшык члисэ округым и екIуэлIапIэхэм я щоджэнхэм благочиннэ щоджэн нэхъыжь Бобылев Валентин я пашэу. Къардэн къулыкъур иригъэкIуэкIащ къардэн нэхъыжь Кубэ Димитрий.
Литургием хыхьэу Тхьэ елъэIуащ епархием и цIыхубз къулъшырыфхэм я унафэщIхэр, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Ставропольем и гъунэгъу районхэм Тхьэ елъэIуну къэкIуахэр.
ТхьэлъэIу литургие нэужьым Пастыр нэхъыщхьэм зэгъусэ тхьэлъэIур иригъэкIуэкIащ. ИужькIэ щихънагъ нэхъыщхьэм фIэщхъуныгъэ зиIэхэм узэщIыныгъэкIэ захуигъэзащ икIи щIыналъэ лъапIэм Тхьэ елъэIуну къэкIуахэм епсэлъащ.