ЩIыналъэ лъапIэм Тхьэ елъIэуну кIуа цIыху минитIым нэблагъэ Архыз Ищхъэрэм щызэхуэсащ

29.05.2018
Просмотры: 4025

2018 гъэм накъыгъэм и 28-м, Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт, хабзэ зэрыхъуауэ, тхьэлъэIу литургие щригъэкIуэкIащ Архыз Ищхъэрэм и Троицкэ члисэм. Щоджэн нэхъыщхьэм къулыкъур драгъэкIуэкIащ щоджэн тхущIым щIигъум. Пастыр нэхъыщхьэм и гъусэу къулыкъум хэтыну къызэхуэсащ щIыналъэ лъапIэм Тхьэ елъIэуну къэкIуа цIыху минитIым щIигъу. Ахэр зэгъусэ тхьэлъэIукIэ Ильинскэ члисэм щыщIадзэри Троицкэ члисэм нэс кIуащ.
X лIэщIыгъуэм яухуа Троицкэ члисэм ебланэу щIыналъэ лъапIэм Тхьэ елъэIунухэр щызэхуос чристэн фIэщхъуныгъэ зиIэхэм архиепископ Феофилакт я пашэу. Урысейр умэхъын ящIыным и пэ къихуэу византий архитекторхэм яухуа а члисэм аланхэр Тхьэ щелъэIуу щытащ. ЛIэщIыгъуэ пщыкIуз дэкIа нэужь тхьэлъэIухэр ирагъэжьэжащ, Кавказым ис лъэпкъхэр зэрызэкъуэтым и щыхьэту.
ТхьэлъэIу нэужьым архиепископ Феофилакт фIэщхъуныгъэ зиIэхэм узэщIыныгъэкIэ захуигъэзащ. Щихънагъым щIыналъэ лъапIэм Тхьэ елъэIуну кIуахэм гъэнэхуа псым щыщ ялъигъэIэсащ. Щоджэнхэмрэ фIэщхъуныгъэ зиIэхэмрэ зэгъусэ тхьэлъэIукIэ Ильинскэ члисэм кIуащ.

4025
Фотогалерея