Благочиннэр махуэшхуэ концертхэм хэтащ

29.05.2018
Просмотры: 2049

Славян тхыбзэмрэ щэнхабзэмрэ я махуэм Новопавловск къалэм Романько С.М. и цIэр зезыхьэ и ЩэнхабзэмкIэ унэм концерт щекIуэкIащ. Абы зыкъыщагъэлъэгъуащ къалэм и творческэ гупхэр. Абы хэтащ Новопавловск члисэ округым и екIуэлIапIэхэм я благочиннэ щоджэн Цапко Владислав. Щоджэным и псалъэм къыхигъэщащ апостол пэлъытэхэу Кириллрэ Мефодийрэ я лэжьыгъэхэм мыхьэнэшхуэ зэраIэр.
Новопавловск къалэм и курыт еджапIэ №33-м славян узэщIакIуэхэм ятеухуа классщIыб зэхыхьэ щекIуэкIащ. Школым щыIащ благочиннэр. Класс сыхьэтыр ирагъэжьащ урысыбзэмрэ литературэмкIэ егъэджакIуэ Гальченкэ Валентинэ и псалъэкIэ. ЕджакIуэхэм тематикэ Iуэтэжхэр ягъэхьэзыращ, усэ къеджащ. ЦIыхубэ уэрэд жиIащ «Станичники» ансамблым хэтым. Славян тхыбзэмрэ щэнхабзэмкIэ къызэхуэсахэм щоджэныр ехъуэхъуащ. Зэкъуэш-узэщIакIуэхэмрэ славян тхыбзэм и тхыдэмрэ я зэпыщIэныгъэм къытеувыIащ ар.

2049
Фотогалерея