ЕссэнтIыгу гъунапкъэхъумэ лIыхъужьхэм фэеплъ къыщыхузэIуахащ

29.05.2018
Просмотры: 4116

Гъунапкъэхъумэхэм я махуэм и пэ къихуэу, накъыгъэм и 28-м ягъэлъапIэм, ЕссэнтIыгу къалэм гъунапкъэхъумэхэм я фэеплъ къыщыхузэIуахащ. Фэеплъыр гъунапкъэхъумэ дзэхэм я ветеранхэм я мылъкукIэ ягъэуващ. Зэхыхьэр къыщызэIуахым хэтащ Тхьэм и Анэм и Къэзан тхьэнапэм и цIэр зезыхьэ члисэм и унафэщI щоджэн нэхъыжь Сахно Андрей. Ар Тхьэ елъIэуащ гъунапкъэхъумэ зауэлI хэкIуэдахэм я псэр зэгъэн папщIэ.

4116
Фотогалерея