Щоджэнхэр ехъуэхъуащ гъэ еджэгъуэр къэзыух еджакIуэхэм

28.05.2018
Просмотры: 2953

Кисловодск къалэ-зыгъэпсэхупIэм и курыт еджапIэ №1-м гъэ еджэгъуэр и кIэм зэрынэблэгъам теухуа зэхыхьэ щекIуэкIащ. «Иужьрей уэзджынэ» махуэшхуэм хэтащ Кисловодск и Пантелеимоновскэ члисэм и щоджэн нэхъыжь Лагутин Андрей. Абы фIэхъускIэ захуигъэзащ икIи кърихьэлIахэм махуэшхуэмкIэ ехъуэхъуащ, щIэныгъэм адэкIи ехъулIэныгъэ щызыIэрагъэхьэну, экзаменхэр ятыну.
Щихъхэу Кириллрэ Мефодийрэ я махуэм, Котляревскэ станицэм (КъБР) апхуэдэу щекIуэкIащ «Иужьрей уэзджынэ» махуэшхуэр. Абы и пэ къихуэу станицэм и Покров члисэм и унафэщI щоджэн Арманов Николай фIыщIэ тхьэлъэIу иригъэкIуэкIащ, гъэ еджэгъуэр и кIэм зэрынэблэгъам папщIэ. Школым и махуэшхуэм и хьэщIащ: Май муниципальнэ район администрацэм и Iэтащхьэм и къуэдзэ Бештокъуэ Б.Х., Котляревскэ станицэм и Iэтащхьэм и къуэдзэ Гладковэ Т.В., Котляревскэ къэзакъ зэгухьэныгъэм и атаман Скляров Д.В., музейм и унафэщI Клевцовэ Л.К., члисэм и унафэщIым и къалэнхэр зыгъэзащIэ щоджэн Арманов Николай. Зэхыхьэм еджакIуэхэм щIыхь тхылъхэр щратащ. Абы ящыщ куэд тхьэмахуэ школым и гъэсэнхэт.
ЕссэнIтыгу къалэм и курыт еджапIэ №4-м и унафэщI Сошинэ С. А., Тхьэнапищ члисэм и унафэщI щоджэн Букарёв Андрей хэтащ школ зэхыхьэм, «Иужьрей уэзджынэм» теухуам. ЕджакIуэхэмрэ егъэджакIуэхэмрэ гъэ еджэгъуэр къызэраухамкIэ ехъуэхъуащ къалэ администрацэм и лIыкIуэхэр, хьэщIэ лъапIэхэр, школ администрацэр. Балигъ гъащIэм зэрыхыхьэмкIэ щехъуэхъум, щоджэным ягу къигъэкIыжащ Тхьэр фIыуэ зылъагъу цIыхум гъуэгу захуэ къызэрыхихыфынур. Черкесск къалэм и Свято-Сергиевскэ гимназием и гъэ еджэгъуэр зэхуащIыжащ гимназием и гъэсэнхэр тхьэлъэIу литургием хэту. 2018 гъэм накъыгъэм и 25-м, еджакIуэхэр, егъэджакIуэхэр, адэ-анэхэр Телъыджэ
къэзыгъэхъу Николай и цIэр зезыхьэ члисэ зэхуэхьэсам кIуащ. ТхьэлъэIу литургиер иригъэкIуэкIащ члисэ зэхуэхьэсам и ключарь щоджэн нэхъыжь Кузнецов Сергий. Сабийхэр зэгъусэу Тхьэ елъэIуащ, щIалэ цIыкIухэм тыхь щIапIэхэр яхьащ. Сабий 90-м щIигъум Христос и Щэхухэм зыхагъэгъуэзащ. ТхьэлъэIур щиухым щIыхь тхылъхэр, дипломхэр, саугъэт лъапIэхэр гимназием и гъэсэнхэм иратащ, гимназием и гъащIэм жыджэру зэрыхэтам папщIэ. НыбжьыщIэхэм гъэ еджэгъуэр къызэраухамкIэ ехъуэхъуащ МЧС-м мафIэсгъэункIыфI, аварэ-къегъэлыныгъэ лэжьыгъэхэр егъэкIуэкIуэкIынымкIэ къудамэм и унафэщI , гимназием и 3 классым и куратор, подполковник Дергунов Василий.
А махуэм Свято-Сергиевскэ гимназием и «Гъунапкъэхъумэ ныбжьыщIэ» гупым и 4 классым щеджэхэр къыщIагъэкIащ. ЕплIанэ классыр къэзыуххэм пэщIэдзэ школым, япэ егъэджакIуэм, илъэсиплIкIэ здэщыса партэм сэлам ирахыжащ. Зэхыхьэм хэтащ «Егъэджэныгъэ центр 11-м» и унафэщI Ляшовэ Еленэ, Свято-Сергиевскэ гимназием и щоджэн нэхъыжь Кузнецов Сергий, Гъунапкъэхъумэ управленэм и лIыкIуэ, гупым и куратор Юрьев Сергей, егъэджакIуэхэр, адэ-анэхэр. НыбжьыщIэхэм уэрэд жаIащ, усэ къеджащ, къэфащ.
Гимназием и нэIэ зытетым еджапIэр къэзыуххэм яритащ архиепископ, Никольскэ члисэм и унафэщI, Свято-Сергиевскэ гимназиер зи нэIэм щIэт Феофилакт и тыгъэр - "Имон или пожертвованное детство" таурыхъылъэр. Гупым и куратор Юрьев Сергей кадетхэм яритащ пэщIэдзэ погран курсыр къызэраухам щыхьэт техъуэ тхылъыр.
Щихъхэу, апостолхэу Кириллрэ Мефодийрэ я фэеплъ махуэм ЕссэнтIыгу къалэм и Петропавловскэ члисэм и щоджэнхэр щыIащ школ №1-мрэ лицей №6- мрэ, гъэ еджэгъуэр и кIэм зэрынэблэгъам теухуа зэхыхьэхэм хэтурэ. Щоджэнхэр школыр къэзыуххэм ехъуэхъуащ, Тхьэр къадэIэпыкъуну, экзаменхэм ехъулIэну.

2953
Фотогалерея