2018 гъэм мэлыжьыхьым и 26-м, адэ-анэхэм я Троицэ щэбэтым, Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт тхьэлъэIу литургиер щригъэкIуэкIащ Новосредненскэ къуажэ члисэм. Щоджэн нэхъыщхьэм къулыкъур драгъэкIуэкIащ Новопавловск члисэ округым и екIуэлIапIэхэм я благочиннэ щоджэн Цапко Владислав, члисэм и унафэщI щоджэн нэхъыжь Кручев Михаил, къардэн нэхъыжь Кубэ Димитрий. Пастыр нэхъыщхьэм щIыгъуу Тхьэ елъэIуну къызэхуэсащ къуажэдэсхэр, екIуэлIапIэм и округым пэгъунэгъуу щIыналъэ лъапIэм Тхьэ елъэIуну къэкIуахэр. Литургие нэужьым щихънагъым тхьэлъэIу иригъэкIуэкIащ. ИужькIэ фIэщхъуныгъэ зиIэхэм узэщIыныгъэкIэ захуигъэзащ икIи екIуэлIапIэм кIуэхэм епсэлъылIащ.