Прохладнэм унафэщIым щигъэнэхуащ гъунапкъэхъумэхэм я фэеплъ дамыгъэр

27.05.2018
Просмотры: 2735

2018 гъэм накъыгъэм и 25-м Прохладнэ къалэ округым (КъБР) и Винсовхоз хьэблэм дэт фэеплъым деж зэхыхьэ щекIуэкIащ, «Пограничникам всех поколений» фэеплъ дамыгъэр къызэIухыным ехьэлIауэ. Абы зыкърагъэхьэлIащ цIыху 200-м щIигъум: гъунапкъэхъумэ дзэхэм къулыкъу щызыщIэхэм, щоджэнхэм, Прохладнэ къалэ администрацэм и лэжьакIуэхэм, «Управление образования местной администрации г.о. Прохладный КБР» МУ-м и лэжьакIуэхэм, кадетхэм, армеец ныбжьыщIэхэм, еджакIуэхэм, егъэджакIуэхэм, егъэджэныгъэ IуэхущIапIэхэм я унафэщIхэм.

Фэеплъ дамыгъэхэр къызэIухыныр хуит хуащIащ гъунапкъэхъумэ дзэхэм къулыкъу щызыщIэмрэ Прохладнэ къалэ администрацэм и Iуэхухэр зезыгъакIуэмрэ. Фэеплъ дамыгъэр игъэнэхуащ Прохладнэм и Никольскэ члисэм и унафэщI щоджэн нэхъыжь Маршалкин Андрей. Ирагъэблэгъа хьэщIэхэм гъунапкъэхъумэхэмрэ къызэхуэсахэмрэ
зыхуагъэзащ хъуэхъукIэ. Фэеплъ дамыгъэр лIыхъужьыгъэм и дерсхэр еджакIуэхэм папщIэ щрагъэкIуэкI фэеплъ комплекс хъуащ. Фэеплъ дамыгъэр къыщызэIуахым зэхыхьэр еджакIуэхэм ягъэдэхащ гъунапкъэхъумэхэм ятеухуа уэрэдхэмрэ усэхэмкIэ. Къызэхуэсахэр зы дакъикъэкIэ яхуэщыгъуащ хэкIуэда гъунапкъэхъумэхэм. ИужькIэ абыхэм я фэеплъым удз гъэгъахэр тралъхьащ.

2735
Фотогалерея