Архиепископ Феофилакт Анджиевскэ къуажэм пащтыхь шэнтиуэ махуэшхуэр щригъэкIуэкIащ

23.05.2018
Просмотры: 2874

2018 гъэм накъыгъэм и 21-м, апостол Богослов Иоанн и фэеплъ махуэм, Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт тхьэлъэIу литургие щригъэкIуэкIащ Анджиевскэ къуажэм и Иоанно-Богословскэ члисэм. Щоджэным къулыкъур драгъэкIуэкIащ Минераловодскэ члисэ округым и щоджэнхэм благочиннэ щоджэн нэхъыжь Панасенкэ Алексий я пашэу. Къардэн къулыкъур иригъэкIуэкIащ къардэн нэхъыжь Кубэ Димитрий. Пастыр нэхъыщхьэм щIыгъуу Тхьэ елъэIуну къызэхуэсащ къуажэдэсхэр.
Литургие, зэгъусэ тхьэлъэIу нэужьым Пастыр нэхъыщхьэм фIэщхъуныгъэ зиIэхэм узэщIыныгъэкIэ захуигъэзащ икIи екIуэлIапIэм кIуэхэм епсэлъылIащ.

2874
Фотогалерея