Курсхэм я къудамэм щеджэхэм члисэславяныбзэмкIэ экзамен ятащ

23.05.2018
Просмотры: 2187

2018 гъэм накъыгъэм и 20-м члисэславяныбзэмкIэ экзаменкIэ зэхуащIыжащ Прохладнэм и Никольскэ члисэм катехизатор курсхэмкIэ и къудамэм и япэ гъэ еджэгъуэр. Члисэславяныбзэр джыныр, дерс щхьэхуэхэм къадэкIуэу, курсым и программэм япэу хагъэхьащ икIи иджы жыпIэ хъунущ курсым щеджэхэм ар къахуэщхьэпауэ. Курсым екIуалIэ цIыху 17-м экзаменхэр ятащ. ЕджакIуэхэм егъэджакIуэ, Никольскэ члисэм екIуалIэ, егъэджакIуэ-филолог Чавдарь Оксанэ фIыщIэ хуащIащ. Курсхэр езыгъэдж щоджэн Еремеев Андрей зэрыжиIамкIэ, гъэ еджэгъуэщIэм хыхьэу курсхэм я программэм хагъэхьэнущ Кавказ Ищхъэрэм и чристэн тхыдэ дерсыр. Абы еджакIуэхэм Iэмал къаритынущ я щIэныгъэм зригъэубгъуну икIи егъэджэныгъэ программэр нэхъ щIэщыгъуэ ящыхъунущ.

2187
Фотогалерея