МГУ-м къикIыу щIыналъэ лъапIэм Тхьэ елъэIуну къэкIуахэр Тхьэм и нэфI зыщыхуа Кавказым щыIащ

07.05.2018
Просмотры: 2733

Уи гъащIэ псокIэ пщымыгъупщэж зэIущIэхэм урохьэлIэ. Апхуэдэхэр гъэщIэгъуэнщ, гуфIэгъуэкIэ гъэнщIащ.
ЩIыналъэ лъапIэм Тхьэ щелъэIуну куэд Кавказым къокIуэ икIи ахэр зэщхьщ щIэ гуэрхэр къызэрызэIуахымкIэ – Тхьэм и нэфI зыщыхуа Кавказыр. Абыхэм ящыщ зы зэдзэкIакIуэ, журналист, византие усыгъэм и къэхутакIуэ Никифоровэ Александрэ Феофилакт къыжриIащ:
- Щихънагъ, фи епархием Уафэр щынэхъыбэщ, щIылъэм нэхъ. ЩIыуэпс зэмылIэужьыгъуэр, члисэжьхэр, Афон къулъшырыфхэр, къабзагъэр, бгыхэр зыплъыхьакIуэ нэхъ ехьэжьами гъэщIэгъуэн щымыхъуу къэнэнукъым.
МГУ-м и Татьянинскэ члисэм икIыу щIыналъэ лъапIэм кIуахэр Урысейм и щIыналъэ куэдым, къэрал зэмылIэужьыгъуэхэм щыIащ. Иджы щоджэным, сурэттех цIэрыIуэ Палкин Игорь щIыгъуу ахэр епархием и хьэщIащ. Гупыр Псыхуабэ и Спасскэ члисэ зэхуэхьэсам и пащтыхь шэнтиуэ махуэшухэм ирихьэлIэу къэкIуащ. Махуэшхуэ тхьэлъэIур, хьэщIэхэм зэрыжаIауэ, IутIыж етIуанэ хъуат. Ауэ нэхъ гъэщIэгъуэныж куэд къапэщылът абыхэм: Кавказым и Минводы и паркхэмрэ музейхэмрэ зыщаплъыхьыну, Бештаурскэ цIыхухъу, Георгиевскэ цIыхубз къулъшырыфхэм. Европэм и бгы нэхъ ин дыдэр къэзыхута экскурсовод Боголюбовэ Валерие заригъэплъыхьащ гупым икIи Шоан бгым тет Тхьэм папщIэ бэлыхь куэд зрагъэшэча, ТекIуэныгъэ къэзыхьа Георгий и цIэр зезыхьэ члисэм Тхьэ щелъэIуащ, Литургием Христос и щэхухэм
зыщыхагъэгъуэзащ. ХьэщIэхэм уэрэдрэ къафэрэ зэбэкI пшыхь гукъинэж къыхузэрагъэпэщащ.
«Пщэдей дызэса махуэхэм пытщэжынущ», - щитхащ фейсбукым и напэкIуэцIым Поляковэ Татьянэ, - ауэ Кавказым и Минводы щыдгъэкIуа махуэхэр зэи тщыгъупщэжынукъым. 
ЛъапIэныгъэм и програ ммэ илъэс зыбжанэ и пэкIэ зэхагъэувар Урысейми нэгъуэщI щIыналъэхэми нэхъ щIэупщIэ иIэу кIуэ пэтми макIуэ. 

2733
Фотогалерея