ЕкIуэлIапIэм къыбгъэдэкI дэIэпыкъуныгъэр аргуэру сабийхэм хуащIащ

06.05.2018
Просмотры: 2495

2018 гъэм накъыгъэм и 6-м Бахъсэн къалэм и Покров члисэм и унафэщI щоджэн нэхъыжь Байзулаев Василий екIуэлIапIэм кIуахэм я гъусэу Куба къуажэм балигъыпIэ имыувахэм я социальнэ-реабилитацэ центрым щыIащ. Абыхэм сабийхэм псапэ хуащIащ. Къабзагъэм ехьэлIа хьэпшыпхэр, ерыскъыпхъэхэр, IэфIыкIэхэр, фэилъхьэгъуэхэр, зэрыджэгу хьэпшыпхэр хуашащ. НыбжьыщIэхэмрэ центрым и лэжьакIуэхэмрэ хьэщIэхэм фIыщIэ хуащIащ икIи жаIащ иджыри зэIущIэну зэрагуапэр.

2495
Фотогалерея