Прохладнэ къалэм Мэздэгу тхьэнапэр яIыгъыу зэгъусэ тхьэлъэIу щрагъэкIуэкIащ

03.05.2018
Просмотры: 6269

2018 гъэм накъыгъэм и 2-м, Прохладнэ къалэм и Никольскэ члисэм тхьэлъэIу литургие щригъэкIуэкIащ архиепископ Феофилакт. Щоджэн нэхъыщхьэм къулыкъур драгъэкIуэкIащ щоджэн 50-м щIигъум, епархие плIанэпэ куэдым щыщу. Пастыр нэхъыщхьэм и гъусэу Тхьэ елъэIуну къызэхуэсащ къулъшырыфхэм щыIэхэр, щIыналъэм щыпсэухэмрэ абы и хьэщIэхэмрэ. Зэхыхьэхэм хэтащ цIыху 1000-м щIигъу.
Преполовения махуэшхуэр илъэс 250-рэ ипэкIэ Тхьэм и Анэм и Иверскэ тхьэнапэм щIыгъуу Мэздэгу щIыналъэм пэмыжыжьэу къыщыунэхуащ. Ар гуфIэгъуэ щытыкIэм иту къалэм къагъэIэпхъуащ икIи Тхьэм и Анэм и Мэздэгу тхьэнапэр фIащащ. Зэгъусэ тхьэлъэIу хабзэр телъыджэ къэзыгъэхъу теплъэм щIыгъуу XIX лэщIыгъуэм и кIэхэм XX-м и пэхэм къэунэхуащ. Зэгъусэ тхьэлъэIур къыщыувыIэу щытащ Прохладнэ станицэм. Абдеж щыхъуам хъуащ Мэздэгу тхьэнапэр. А махуэм Прохладнэ къалэм тхьэлъэIу литургие нэужьым зэгъусэ тхьэлъэIур хабзэ хъуауэ щрагъэкIуэкI, лъапIэныгъэр яIыгъыу. Архиепископ Феофилакт ипэ иту, зэгъусэ тхьэлъэIур Хэку зауэшхуэм хэкIуэдахэм я фэеплъым нэс кIуащ. ИужькIэ фIэщхъуныгъэ зиIэхэр Тхьэ елъэIуащ зауэм хэкIуэдахэм я псэр зэгъэн папщIэ. ИужькIэ зэгъусэ тхьэлъэIур ирагъэкIуэкIащ икIи Никольскэ члисэм къекIуэлIэжащ, къалэ центрыр къыпакIухьу, махуэшхуэ IутIыж уэрэдхэр жаIэу. Махуэшхуэ зэгъусэ тхьэлъэIум хэтащ къалэ администрацэм и Iэтащхьэ Тараев Игорь. Абы Щихънагъ нэхъыщхьэм, щоджэнхэм, фIэщхъунгыъэ зиIэхэм, Прохладнэм чристэн фIэщхъуныгъэ зиIэхэм зэрадэIэпыкъум папщIэ фIыщIэ яхуищIащ. Прохладнэм зэгъусэ тхьэлъэIукIэ Никольскэ члисэм нэс кIуащ.

6269
Фотогалерея