Члисэ зэхуэхьэсам и волонтёрхэм сабий унэм и гъэсэнхэм махуэшхуэ къыхузэрагъэпэщащ

24.04.2018
Просмотры: 2499

2018 гъэм мэлыжьыхьым и 23-м Черкесск и Никольскэ члисэ зэхуэхьэсам екIуалIэхэр щыIащ зи акъылкIэ къыкIэрыхухэм я республикэ сабий-интернат Усть- Джегуты и Московскэ хьэблэм щыIэм. Члисэ зэхуэхьэсам и щоджэнхэм я жэрдэмкIэ махуэ зыбжанэм къриубыдэу ахъшэ зэхуахьэсащ. АбыкIэ сабийхэм къыхуащэхуащ я акъылым зезыгъэужь джэгукIэхэр, спорт Iэмэпсымэхэр. Апхуэдэу ныбжьыщIэхэм IэфIыкIэхэр, пхъэщхьэмыщхьэхэр, IутIыж куличхэр къыхуащэхуащ. Сабийхэм махуэшхуэм хутепсэлъыхьащ члисэ зэхуэхьэсам и клирик щоджэн Гурин Александр. Щоджэным и хъуэхъум иужькIэ зыкъагъэлъэгъуащ «Мурлыка» студием и артистхэм. Абыхэм сабийхэр ягъэгуфIащ джэгухэмкIэ, уэрэдхэмкIэ, къафэхэмкIэ. Сабий унэм зи узыншагъэм къимыхьу щыIэхэм я пэшхм щоджэныр щIыхьэри дэтхэнэ зы сабийми ар ехъуэхъуащ икIи саугъэтыр иритащ. Налшык члисэ зэхуэхьэсам и щоджэнхэм фIыщIэ хуащI псапащIэ Iуэхум хэта псоми. Сабийхэм ядэIэпыкъуну гупыж зыщIахэр куэд хъурт. Языныкъуэхэр
ахъшэкIэ, адрейхэр IэфIыкIэхэмкIэ дэIэпыкъуащ. Волонтёрхэм фIыщIэ хуэфащэщ!

2499
Фотогалерея