Теберды щыпсэухэр Тхьэ елъэIуащ дунейм ехыжахэм папщIэ

22.04.2018
Просмотры: 2141

Теберды къалэм Тхьэм папщIэ бэлыхь куэд зрагъэшэча Сочавский Новый Иоанн и фэеплъ зэгухьэныгъэм щыкIуам, Карачаевск къалэм и Пантелеимоновскэ члисэм и унафэщI щоджэн Фоменкэ Сергий тхьэлъэIу иригъэкIуэкIащ, Теберды и къалэкхъэм щыщIалъхьахэм папщIэ. ЦIыхухэр здэмыкIуэ, зи кхъащхьэхэр ямыгъэкъабзэхэр абы итщ. Щоджэнымрэ екIуэлIапIэм кIуэхэмрэ ахэр гулъытэншэу къагъэнакъым. Къагъэна кхъэхэр зыхуей хуагъэзащ икIи тхьэлъэIухэр щрагъэкIуэкIащ.

2141
Фотогалерея