Къулъшырыфым щыIущIащ Тхьэм и Анэм и тхьэнапэм

13.04.2018
Просмотры: 3581

2018 гъэм мэлыжьыхьым и 11-м Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я щихънагъ Феофилакт Тхьэм и Анэм и «Благодатная» тхьэнапэр Успенскэ Второафонскэ Бештаурскэ цIыхухъу къулъшырыфым щIихьащ. Теплъэм къыIущIэным и пэ къихуэу, Пастыр нэхъыщхьэм къулъшырыфым и Георгиевскэ члисэм щригъэкIуэкIащ IутIыж тхьэлъэIур. ИужькIэ щоджэнхэр, къулъшырыфым щыIэхэр, щIыналъэ лъапIэм Тхьэ елъэIуну къэкIуахэр лъапIэныгъэм еплъыну кIуащ. Щихънагъым ар Тхьэм и Анэм и «Не рыдай Мене, Мати» тхьэнапэм и цIэр зезыхьэ члисэм къулъшырыфым и игумен корпусым щIихьащ. А махуэм къагъэIэпхъуащ члисэм и IутIыж махуэшхуэ мы гъэм Мэрем Иным техуэр. Щоджэн нэхъыжьым къулыкъур драгъэкIуэкIащ къулъшырыфым щыщхэмрэ щоджэнхэм ящыщ хьэщIэхэмрэ: Административнэ секретариатым и унафэщI щоджэн
Яковенкэ Илия, Минераловодскэ благочиннэмрэ Новопавловскэ члисэ округхэм я благочиннэхэу щоджэн нэхъыжь Панасенкэ Алексийрэ щоджэн Цапко Владиславрэ, епархием къэзакъхэм ядэлэжьэнымкIэ и къудамэм и унафэщI щоджэн нэхъыжь Фещенкэ Стефан. Къардэн къулыкъур иригъэкIуэкIащ къардэн нэхъыжь Кубэ Димитрий. Литургием Тхьэ щелъэIуащ Георгиевскэ цIыхубз къулъшырыфым щыIэхэм игумение Варварэ (Шурыгинэ) я пашэу. ТхьэлъэIу нэужьым архиепископ Феофилакт фIэщхъуныгъэ зиIэхэм узэщIыныгъэкIэ захуигъэзащ. ИужькIэ къулъшырыфым и Iэгъуэблагъуэм хьэщIэхэмрэ щIыналъэ лъапIэм Тхьэ елъэIуну къэкIуахэмрэ папщIэ IутIыж Iэнэ
щагъэуващ.

3581
Фотогалерея