2018 гъэм мэлыжьыхьым и 3-м, Гъубж Иным, Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я щихънагъ Феофилакт мы гъэм иужьрей пщыхьэщхьэ тхьэлъэIур Псыхуабэ и Спасскэ кафедральнэ члисэ зэхуэхьэсам щригъэкIуэкIащ. Щоджэн нэхъыщхьэм къулыкъур драгъэкIуэкIащ члисэ зэхуэхьэсам и клирикхэм, щоджэнхэм, богослужебнэ-иерарх дамыгъэхэр зыхуагъэфэщахэм. ТхьэлъэIу уэрэдхэр жиIащ члисэ зэхуэхьэсам и хор регент Кубэ Аннэ зригъакIуэм. Пастыр нэхъыщхьэм щоджэнхэм тхьэлъэIу дамыгъэхэр яритащ. Щоджэн нэхъыжь Самохин Михаилрэ щоджэн Тростинский Сергийрэ палицэ зэрахьэну хуит ящIащ, щоджэн Гончаров Ростислав – щоджэн нэхъыжь жорыр зэрихьэну
хуит ящIащ.
ТхьэлъэIу нэужьым щихънагъ нэхъыщхьэм фIэщхъуныгъэ зиIэхэм узэщIыныгъэкIэ захуигъэзащ, Инджылым къызэджа Iыхьэхэм щыщхэм икIи дамыгъэхэр зыхуагъэфэщахэм ехъуэхъуащ. Архиепископ Феофилакт екIуэлIапIэм кIуэхэм яхутепсэлъыхьащ члисэ зэхуэхьэсам и роспис ирагъэжьам, НэщI Иным ирихьэлIэу нагъэсам.