Щоджэным верб къудамэхэр Черкесск жьы хъуахэм я унэм щахуигуэшащ

04.04.2018
Просмотры: 2326

2018 гъэм мэлыжьыхьым и 3-м Черкесск къалэм жьы хъуахэмрэ ныкъуэдыкъуэхэмрэ я унэу щыIэм фIэщхъуныгъэ зиIэу щыпсэухэм я лъэIукIэ Никольскэ члисэ зэхуэхьэсам и щоджэн Гурин Александр ирагъэблэгъащ. Щоджэныр къытеувыIащ Христос и Тхьэмахуэ Нэхум и мыхьэнэм, верб къудамэхэр игуэшащ, члисэ зэхуэхьэсам екIуалIэхэм ягъэхьэзырахэр. Гупыж зыщIахэм я гуэныхьхэр яIуэтэжащ, Христос и щэхухэм зыхагъэгъуэзащ. ИужькIэ щоджэным верб къудамэхэр яхуигуэшащ интернатым щыIэ ныкъуэдыкъуэхэм.

2326
Фотогалерея