Апхуэдэ унафэ къыщащтащ 2018 гъэм гъатхэпэм и 27-м советым и зэIущIэм, Москва Члисэпсо аспирантурэмрэ докторантурэмкIэ щихъ пэлъытэхэу Кириллрэ Мефодийрэ я цIэр зезыхьэм.
ЗэIущIэм хэтащ МСР-м и Президиумым хэтхэр: Москва Патриархатым члисэпсо IуэхухэмкIэ и къудамэм и унафэщI, Волоколамск и митрополит, Тэтэрстан республикэм и Муслъымэн дин IуэхущIапIэм и унафэщI, муфтий Самигуллин Камиль, Урысейм и раввин нэхъыщхьэ (КЕРООР) Шаевич А.С., МСР- м и гъэзэщIакIуэ секретарь, Москва Патриархатым дин зэхущытыкIэхэмкIэ и къудамэм и секретарь, щоджэн Сафонов Димитрий.
ЗэIущIэм хэтащ МСР-м щыщ дин зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэр: Башкортостан и муслъымэн дин IуэхущIапIэм и унафэщI муфтий Таджуддинов Мухьэммэд (ЦДУМ), КЦМСК-м и полномочнэ лIыкIуэу Москва щыIэ ПщыхьэщIэ Ш.А., Урысейм и Муслъымэн дин IуэхущIапIэ нэхъыщхьэм и урыс муслъымэн университетым и ректор Сулейманов А.Р.
Урыс Чристэн Члисэм къыбгъэдэкIыу ирагъэблэгъащ: Казанскрэ Тэтэрстанскрэ я митрополит Феофан, Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я щихънагъ Феофилакт, Члисэмрэ жылагъуэмрэ хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэмрэ я зэхущытыкIэхэмкIэ Синод къудамэм и унафэщI Легойдэ В.Р, Москва Патриархием и Юридическэ IуэхущIапIэм и унафэщI игумение Ксения (Чернегэ), Члисэпсо аспирантурэмрэ докторантурэмкIэ щIэныгъэ IуэхухэмкIэ и проректор, аттестат комиссэ нэхъыщхьэм теологиемкIэ и Эксперт советым и щIэныгъэ секретарь, теологиемкIэ и Эксперт гупым хэт Шмонин Д.В, Члисэмрэ жылагъуэмрэ СМИ-мрэ ядэлэжьэнымкIэ Синод къудамэм къэрал IуэхущIапIэхэм ядэлэжьэнымкIэ и Управленэм и унафэщI Лебедев П.В., Москва бзэщIэныгъэхэмкIэ и къэрал университетым теологиемкIэ и кафедрэм и унафэщI щоджэн нэхъыжь Семенов
Лев.
ЗэIущIэм и пэ къихуэу абы хэтхэм ягу къагъэкIыжащ Кемеровэ и сату центрым къыщыхъуа мафIэсым хэкIуэдахэр икIи абыхэм зы дакъикъэкIэ яхуэщыгъуащ.
ЗэIущIэр ирагъэжьащ МСР къудамэ Тэтэрстанымрэ Кавказ Ищхъэрэмрэ къыщызэрагъэпэщыну къыхалъхьа IуэхумкIэ. Абыхэм я къалэн нэхъыщхьэу
щытынур экстремизмымрэ терроризмымрэ япэщIэтынырщ.
Митрополит Илларион ягу къигъэкIыжащ иджыблагъэ Чызляр къыщыхъу а террактымрэ абы теухуауэ МСР-м къита лъэIу тхылъымрэ. Урысейм и дин щIыналъэ зэхуаку совет Тэтэрстанымрэ Кавказ Ищхъэрэмрэ щIыналъэ къудамэхэр къыщызэгъэпэщынымкIэ митрополит Илларион ягу къигъэкIыжащ МСР-м и щIыналъэхэм апхуэдэ къудамэхэр къыщызэгъэпэщыным теухуа Iуэху бгъэдыхьэкIэхэр 2000 гъэ лъандэрэ зэраIэр.
Казанскрэ Тэтэрстанскрэ я митрополит Феофан нэхъапэIуэкIэ Кавказым къулыкъу щызыщIар илъэс куэдкIэ. Абы къыхигъэщащ дин и лъэныкъуэкIэ зэдэлэжьэным и мыхьэнэр икIи абы и щапхъэу къигъэлъэгъуащ Беслъэн къыщыхъуа гузэвэгъуэр. Абы диIыгъащ Тэтэрстаным МСР-м и къудамэу къыщызэIуахыну къыхалъхьа Iуэхур.
АдэкIэ къэпсэлъащ Тэтэрстаным и муфтий Самигуллин Чэмил. Абы къыхигъэщащ экстремизмыр динымкIэ зэрыщIахъумэм арэзы зэрытемыхъуэр икIи къыхигъэщащ Казань МСР-м и къудамэу къыщызэрагъэпэщынум и лэжьыгъэм жыджэру зэрыхэтынур.
Апхуэдэу къэпсэлъащ Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я щихънагъ Феофилакт. Абы къыхилъхьащ МСР-м и къудамэ Псыхуабэ къыщызэIуахыну. А жэрдэмыр диIыгъащ Кавказ Ищхъэрэм ис Муслъымэнхэм я ЗэзыгъэуIу центрым и лIыкIуэ ПщыхьэщIэ Ш. А. Зэхыхьэм къыщыпсэлъахэм жаIар къызэщIакъуэжа нэужь, мурад ящIащ Урысейм и щIыналъэ зэхуаку советхэм я къудамэхэр Кавказ Ищхъэрэм къыщызэрагъэпэщыну, Псыхуабэрэ Тэтэрстан республикэмрэ центрхэр щыIэу.
МСР-м хэтхэм къыхагъэщащ УФ-м и къэралым и Iэтащхьэм зыхуагъэзэну, ваххабизмыр террорист гупсысэкIэм тету къилъытэн, абыхэм я IуэхущIапIэхэр терроризм IуэхущIапIэу къилъытэну.