2018 гъэм гъатхэпэм и 24-м Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я щихънагъ Феофилакт ЯтIэкъуэ къуажэ члисэм тхьэлъэIу литургие щригъэкIуэкIащ. Щоджэн нэхъыщхьэм къулыкъур драгъэкIуэкIащ Лермонтовскэ члисэ округым и екIуэлIапIэхэм я благочиннэ щоджэн нэхъыжь Фаустов Константин, члисэм и унафэщI щоджэн Чистяков Александр, къардэн нэхъыжь Кубэ Димитрий. Пастыр нэхъыщхьэм и гъусэу Тхьэ елъэIуну къызэхуэсащ къуажэм дэсхэмрэ къэзакъхэмрэ. ТхьэлъэIу нэужьым щихънагъ нэхъыщхьэм фIэщхъуныгъэ зиIэхэм узэщIыныгъэкIэ захуигъэзащ. ИужькIэ ар щоджэнхэмрэ къэзакъхэмрэ я гъусэу еплъащ ухуэныгъэр зэрызэрагъэпэщыжам. Тыкуэну щыта ухуэныгъэм тхьэмахуэ школымрэ екIуэлIапIэм и щIалэгъуалэ центрымрэ ягъэIэпхъуэну мурад ящIащ. Унащхьэмрэ IуплъапIэмрэ зэрагъэпэщыжащ, и кIуэцIыр зыхуей хуагъазэ. А махуэ дыдэм и пщыхьэщхьэм архиепископ Феофилакт Псыхуабэ и Спасскэ кафедральнэ члисэ зэхуэхьэсам тхьэлъэIу щригъэкIуэкIащ. Щоджэн нэхъыщхьэм къулыкъур драгъэкIуэкIащ члисэ зэхуэхьэсам и клирикхэм. ТхьэлъэIу уэрэдхэр жиIащ регент Кубэ Аннэ зригъакIуэ щоджэн нэхъыщхьэм и хорым. Пастыр нэхъыщхьэр пщыхьэщхьэ инджылым къеджащ икIи фIэщхъуныгъэ зиIэхэм гъэнэхуа дагъэм щыщ ящихуащ.