Зольскэ станицэм щыIущIащ Тхьэм и Анэм и «Благодатная» тхьэнапэм

13.03.2018
Просмотры: 3560

2018 гъэм гъатхэпэм и 12-м Новопавловск члисэ округым и екIуэлIапIэхэм я гъащIэр мыхьэнэ зиIэ хъуащ. Кировскэ къалэ округым, Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт и арэзыныгъэкIэ, Тхьэм и Анэм и «Благодатная» тхьэнапэр къахьащ. Щихъым япэу щыIущIащ Зольскэ станицэм. Щоджэнхэр, къэзакъхэр, станицэдэсхэр, щIыналъэ лъапIэм Тхьэ елъэIуну кIуахэр лъапIэныгъэм IущIащ икIи зэгъусэ тхьэлъэIукIэ щихъ, Телъыджэ къэзыгъэхъу Николай и цIэр зезыхьэ члисэм хуэкIуащ.
Станицэм и уэрамхэм щихъым и теплъэр яIыгъыу ирикIуэурэ, Тхьэм и Анэм и фIэхъусыр яхащ, къэхъугъэм иригуфIэурэ. Щоджэнхэм зэгъусэу Тхьэм и Анэм и тхьэлъэIур ирагъэкIуэкIащ. Благочиннэ щоджэн Цапко Вячеслав теплъэм и тхыдэм тепсэлъыхьащ. ЕкIуэлIапIэм кIуэхэмрэ станицэдэсхэмрэ щоджэныр ехъуэхъуащ Тхьэм и Анэр къадэIэпыкъуну.

3560
Фотогалерея