Щихънагъ Феофилакт игъэнэхуащ Лисицын Михаил и теплъэр

12.03.2018
Просмотры: 3397

Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я щихънагъ Феофилакт Жорым я щхьэр щыхуагъэщхъ тхьэмахуэм тхьэлъэIу иригъэкIуэкIащ. Щэбэт пщыхьэщхьэм, иджыблагъэ, гъатхэпэм и 10-м, Пастыр нэхъыщхьэм Псыхуабэ и Спасскэ кафедральнэ члисэ зэхуэхьэсам тхьэлъэIу щригъэкIуэкIащ. Щоджэн нэхъыщхьэм къулыкъур драгъэкIуэкIащ члисэ зэхуэхьэсам и клирикхэм. ТхьэлъэIу уэрэдхэр игъэзэщIащ регент Кубэ Аннэ зригъакIуэ члисэ зэхуэхьэсам и хорым. Щихънагъым иригъэкIуэкIащ Жорым щхьэр хуэгъэщхъын къулыкъур. ТхьэлъэIу нэужьым Пастыр нэхъыщхьэм фIэщхъуныгъэ зиIэхэм узэщIыныгъэкIэ захуигъэзащ. 2018 гъэм гъатхэпэм и 11-м архиепископ Феофилакт тхьэлъэIу литургие щригъэкIуэкIащ Кисловодск и Крестовоздвиженскэ члисэм. Члисэм и унафэщI щоджэн нэхъыжь Лиманов Гермоген щихънагъым IущIащ Тхьэм папщIэ бэлыхь куэд зрагъэшэча, а члисэм 1895-1906 гъэхэм къулыкъу щызыщIа Лисицын Михаил и теплъэр иIыгъыу. 2018 гъэм гъатхэпэм и 11-м илъэси 100 ирикъуащ щоджэныр
дунейм зэрехыжрэ. ТхьэлъэIум и пэ къихуэу Пастыр нэхъыщхьэм игъэнэхуащ Тхьэм папщIэ бэлыхь куэд зрагъэшэчам и тхьэнапэмрэ фэеплъ стендымрэ. Литургием хыхьэу Щоджэн нэхъыщхьэм къулыкъур драгъэкIуэкIащ Кисловодск и екIуэлIапIэхэм я щоджэнхэм, округым и благочиннэ щоджэн нэхъыжь Знаменский Иоанн я пашэу, епархием щихъхэр канон щIынымкIэ и комиссэм и унафэщI иеромонах Елевферий (Казаков). Къардэн къулыкъур иригъэкIуэкIащ къардэн нэхъыжь Кубэ Димитрий.
ХъыбарыфIхэр зэрыт тхылъ лъапIэм итхэм къеджа нэужь, Щихънагъым фIэщхъуныгъэ зиIэхэм узэщIыныгъэкIэ захуигъэзащ. Иеромонах Елевферий къытеувыIащ Тхьэм папщIэ бэлыхь куэд зрагъэшэча Лисицын Елевферий и гъащIэмрэ лIыгъэмрэ. Литургие нэужьым архиеписклп Феофилакт Жорым и щхьэр хуигъэщхъащ. Зэхуэсыр щиухым псори зэдэшхащ. 
А махуэм щихънагъ нэхъыщхьэр щыIащ Кисловодск и Седлогорскэ кхъэм, иеромонах Стефан (Игнатенкэ), щоджэн нэхъыжь Россохань Димитрий сымэ я кхъащхьэм тхьэлъэIу щрагъэкIуэкIам.

3397
Фотогалерея