Епархием и щоджэнхэм ягу къагъэкIыжащ щоджэн нэхъыжь Агеев Илия

11.03.2018
Просмотры: 3714

2018 гъэм гъатхэпэм и 10-м, щоджэн нэхъыжь Агеев Илия дунейм зэрехыжрэ илъэс щрикъум ирихьэлIэу, абы и кхъащхьэм деж, Минводы и Покров члисэм деж тхьэлъэIу литургие щригъэкIуэкIащ Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я щихънагъ нэхъыщхьэ Феофилакт. Щоджэным къулыкъур драгъэкIуэкIащ епархием и Административнэ секретариатым и унафэщI щоджэн Яковенкэ Илия, члисэ округхэм я благочиннэхэм, щоджэнхэм. Къардэн къулыкъур иригъэкIуэкIащ къардэн нэхъыжь Кубэ Димитрий. Члисэ зэхуэхьэсам илъэс зыбжанэкIэ и унафэщIу щытар ягу къагъэкIыжыну зэхуэсащ къулъшырыфхэм я унафэщIхэр, къалэдэсхэр, члисэм екIуалIэхэр, къэзакъхэр. ХъыбарыфIхэр зэрыт тхылъ лъапIэм къеджа нэужь, Пастыр нэхъыщхьэм фIэщхъуныгъэ зиIэхэм узэщIыныгъэкIэ захуигъэзащ. ИужькIэ дунейм ехыжам и кхъащхьэм деж Тхьэ щелъэIуащ.

3714
Фотогалерея