АкъылыфIагъэ джэгур траухуащ чристэн щэнхабзэм и лъабжьэм

11.03.2018
Просмотры: 2639

2018 гъэм гъатхэпэм и 10-м Псыхуабэ и Спасскэ кафедральнэ члисэ зэхуэхьэсам и ЩIалэгъуалэ центрым щекIуэкIащ гъэ къэс щIалэгъуалэм къыхузэрагъэпэщ «Брейн-ринг» акъылыфIагъэ джэгур. Ар къызэрагъэпэщащ Псыхуабэ, Черкесск епархием и ЩIалэгъуалэ къудамэм и лэжьакIуэхэм. ЕплIанэу члисэ округхэм я щIалэгъуалэ гупхэр зэхуэсащ акъылыфIагъэ джэгум зэдыхэтын папщIэ. Мы гъэм ныбжьыщIэхэр зэхьэзэхуащ чристэн щэнхабзэм и лъабжьэмкIэ яIэ щIэныгъэм ехьэлIауэ. Абыхэм загъэхьэзыращ щоджэн нэхъыжь Слободский Серафим и «Закон Божий» тхылъымкIэ. Илъэс етIуанэ хъуауэ абы щытокIуэ Налшык члисэ округым и «Псоми мамырыгъэ» гупыр. ЩIалэгъуалэ къудамэм и унафэщI щоджэн Яковенкэ Илия текIуахэм саугъэтхэр яритащ.

2639
Фотогалерея