Щихънагъ Феофилакт иригъэкIуэкIащ Чристэн махуэшхуэр

26.02.2018
Просмотры: 3381

20I8 гъэм мазаем и 24-25- хэм Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я щихънагъ Феофилакт иригъэкIуэкIащ НэщI Иным и япэ тхьэмахуэм и тхьэлъэIур. Чристэн махуэшхуэр Псыхуабэ и Спасскэ кафедральнэ члисэ зэхуэхьэсам щрагъэкIуэкIащ. ТхьэлъэIу уэрэдхэр игъэзэщIащ регент Кубэ Аннэ зэригъакIуэ щоджэн нэхъыщхьэм и хорым.
Пастыр нэхъыщхьэр Инджылым къеджащ икIи фIэщхъуныгъэ зиIэхэм гъэнэхуа дагъэм щыщ ящихуащ. ТхьэлъэIу литургием хыхьэу Щихънагъым фIэщхъуныгъэ зиIэхэм узэщIыныгъэкIэ захуигъэзащ ХъыбарыфIхэр зэрыт тхылъ лъапIэм итхэм къеджа нэужь икIи Чристэн махуэшхуэр иригъэкIуэкIащ. Хабзэ зэрыхъуауэ, щихънагъ нэхъыщхьэ Феофилактрэ екIуэлIапIэм кIуэхэмрэ я зэпсэлъэныгъэм щыпащащ Спасскэ члисэ зэхуэхьэсам и ЩIалэгъуалэ центрым.

3381
Фотогалерея