2018 гъэм мазаем и 24-м, НэщI Иным и япэ тхьэмахуэм Успенскэ Второафонскэ Бештаурскэ цIыхухъу къулъшырыфым и щоджэнархимандрит, Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я щихънагъ Феофилакт Георгиевскэ члисэм тхьэлъэIу литургие щригъэкIуэкIащ.
Щоджэн нэхъыщхьэм къулыкъур драгъэкIуэкIащ: иеромонах Михаил (Гичко); щоджэн Кокарев Сергий; къардэн нэхъыжьхэу Афанасийрэ (Сапрыкин) Самуилрэ (Галуаев). Лиутргие уэрэдхэр жиIащ хорым.
Литургием хыхьэу Тхьэ елъэIуащ икIи Христос и щэхухэм зыхагъэгъуэзащ къулъшырыфым и щоджэнхэм, Кавказым и Минводы и нэгъуэщI щIыналъэхэм къикIыу Тхьэ елъэIуну къэкIуахэр. Щихънагъ Феофилакт къызэхуэсахэм узэщIыныгъэкIэ захуигъэзащ.
А махуэм къулъшырыфым кIуащ Ставрополь («Град Креста» къулыкъущIапIэр) икIыу щIыналъэ лъапIэм Тхьэ елъэIуну гупыж зыщIахэр. ХьэщIэхэм зыхагъэгъуэзащ къулъшырыфым и тхыдэм, Iэгъуэблагъэр къызэхакIухьащ, Георгиевскэ члисэмрэ члисэ-тхыдэ музеймрэ зыщаплъыхьащ.