Черкесск и кадетхэр къегъэлакIуэхэм я махуэмкIэ ехъуэхъуащ

24.02.2018
Просмотры: 2681

2018 гъэм мазаем и 22-м Хэкум и хъумакIуэхэм я махуэм ирихьэлIэу Черкесск къалэм и Свято-Сергиевскэ гимназием и «Юный водник» кадет классым и еджакIуэхэр къэкIуащ Урысей МЧС-м суд цIыкIухэмкIэ и къэрал инспекцэм Къэрэшей-Шэрджэс республикэм щиIэ Центрым, я кураторхэм махуэшхуэмкIэ ехъуэхъун папщIэ. Махуэшхуэм къекIуэлIащ Урысей МЧС-м и управленэ нэхъыщхьэм КъШР-м щиIэ къудамэм и унафэщIым и къуэдзэ Шарков Сергей. ЕджакIуэхэм къегъэлакIуэхэм саугъэт куэд хуагъэхьэзыращ: усэ къахуеджащ, уэрэдхэр жаIащ, езыхэм я IэкIэ ягъэхьэзырыжа плакатхэмрэ открыткэхэмрэ тыгъэ хуащIащ. Ауэ ныбжьыщIэхэм яхуэгъэза зэIущIэхэр хуэунэтIащ я щIэныгъэр
щIагъэбыдэным, псыежэххэмрэ гуэлхэмрэ зэрыщерсыну щIыкIэм зыхуагъэсэным. Зэхыхьэм щагъэлъэгъуащ къегъэлакIуэ техникэр. Спецтехникэм щеплъым IуэхущIапIэм и лIыкIуэхэм хьэщIэхэм яфIэгъэщIэгъуэнхэм ящыщу зыщIэупщIахэм я жэуапхэр ятащ.

2681
Фотогалерея