2018 гъэм мазаем и 17-м Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я щихънагъ Феофилакт тхьэлъэIу литургие Государственнэ (Советскэ) станицэм и Михайловскэ члисэм щригъэкIуэкIащ. Щоджэным къулыкъур драгъэкIуэкIащ: Новопавловскэ члисэ округым и екIуэлIапIэхэм я благочиннэ щоджэн Цапко Владиславрэ станицэ члисэм и унафэщI щоджэн Федюнин Дионисийрэ. Къардэн къулыкъур иригъэкIуэкIащ щоджэн нэхъыжь Кубэ Димитрий. Пастыр нэхъыщхьэм и гъусэу тхьэлъэIум хэтыну къэкIуащ къэзакъхэр, тхьэмахуэ школым и еджакIуэхэр, станицэм дэсхэр, гъунэгъу къалэхэмрэ къуажэхэмрэ щыщу Тхьэ елъэIуну кIуахэр.
Инджылым къеджа нэужь, щихънагъ нэхъыщхьэм фIэщхъуныгъэ зиIэхэм узэщIыныгъэкIэ захуигъэзащ, ХъыбарыфIхэр зэрыт тхылъ лъапIэм итхэм щыщу къызэджа Iыхьэм теухуауэ. Щихънагъ Феофилакт пресвитор къулыкъур хуигъэфэщащ члисэм и къардэн Линов Михаил. Станицэм дежкIэ ар тхыдэ Iуэхугъуэщ. Литургие нэужьым Пастыр нэхъыщхьэр фIэщхъуныгъэ зиIэхэмрэ къэзакъхэмрэ епсэлъащ, станицэм и атаманым ехъуэхъуащ. Махуэшхуэр щиухым зэгъусэу сурэт зытрагъэхащ.