Щихънагъ Феофилакт: «Хуэбгъэгъуфыныр цIыху нэсым и щапхъэщ»

17.02.2018
Просмотры: 2950

2018 гъэм мазаем и 16-м Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я щихънагъ Феофилакт IущIащ Лермонтовэ къалэм и школ №2-м и класс нэхъыжьхэм щIэсхэм. Щоджэн нэхъыщхьэр нэхъыбэу зытепсэлъыхьар щыхуагъэгъу тхьэмахуэрщ. ЦIыху нэсу ущытыным и щапхъэщ хуэбгъэгъуфыныр», - жиIащ Щихънагъ нэхъыщхьэм. Ар еджакIуэхэм ехъуэхъуащ абы гъащIэм зыщыхуагъэсэну. Пастыр нэхъыщхьэм ныбжьыщIэхэм я упщIэхэм жэуап иритащ икIи къызэхуэсахэм фIыщIэ яхуищIащ. Щихънагъ нэхъыщхьэ Феофилакт школым и гъэсэнхэм IущIэныр хабзэ хъуащ. Щихънагъыр гъэ къэс еджапIэм макIуэ.
А махуэм Спасскэ кафедральнэ члисэ зэхуэхьэсам и ЩIалэгъуалэ центрым Щоджэн нэхъыщхьэр абы и жорыкъуэхэм я унагъуэхэм щыIущIащ икIи я бынхэр умэхъын ищIащ. Фигу къэдгъэкIыжынщи, щихънагъ Феофилакт иджыблагъэ щоджэнхэм я бынхэр умэхъын ещI. Шей щыздефэм ахэр гуапэу зэпсэлъащ.

Нэхъыжьхэр нэхъыщхьэу зытепсэлъыхьар сабийхэм я гъэсэ ныгъэрт, абыхэм я къэкIуэнырт. Езы сабийхэм я дежкIэ гуфIэгъуэт зэрагъэджэгуар.

2950
Фотогалерея