Псыхуабэ и Ищхьэ бэзэрым хуэныкъуэхэм ерыскъыхэкIхэр щыхуагуэшу ирагъэжьащ

04.02.2018
Просмотры: 3264

2018 гъэм мазаем и 3-м Псыхуабэ и Покров члисэм екIуалIэхэм ящыщу гупыж зыщIахэр, гуапагъэ зыщIэ шыпхъухэр, щIалэгъуалэр я дэIэпыкъуэгъуу Псыхуабэ и Ипщэ бэзэрым пщIэншэу хуэныкъуэхэр щагъэшхащ. Члисэм и «МэжалIэр гъашхэ» Iуэхур ягъэIэпхъуащ бэзэрым и ипщэ утым, унэлъащIэхэр щащэ павильонным деж. Япэ махуэм цIыхуи 100-м щIигъу ягъэшхащ. Зэпымыууэ зы щIыпIэм деж шхыныгъуэхэр щагуэшынущ икIи щэбэт къэс, сыхьэт 11-м щыщIэдзауэ 12 пщIондэ лэжьэнущ.
Псыхуабэ и Покров члисэм псапэ шэджэгъуашхэхэр илъэс еханэ хъуауэ хуэныкъуэхэм щыхуагъэлъагъуэ. Щэбэт къэс бынунагъуэшхуэхэмрэ хуэмыщIахэмрэ, ныкъуэдыкъуэхэр, ветеранхэр, зи закъуэу псэу нэхъыжьхэр члисэм и шхапIэм екIуалIэ хъунущ. Хуэныкъуэхэм ядоIэпыкъу, ерыскъыхэкIхэр хуагуэшурэ. Члисэм и унафэщI щоджэн Яковенкэ Илиярэ екIуэлIапIэм кIуэхэмрэ члисэм мыкIуэфхэм я унэхэм дэIэпыкъуныгъэхэр хуашащ. Шэджэгъуашхэ пщтырхэр ягуэшын зэрырагъажьэрэ Покров члисэм и «МэжалIэр гъашхэ» псапэ Iуэхур къалэпсо зэхыхьэ хъуащ. Хуэныкъуэхэм дэIэпыкъуныгъэр нэхъ тыншу хуащIэ хъуащ.

3264
Фотогалерея