Щихънагъ Феофилакт IущIащ митрополит Варсонофий

02.02.2018
Просмотры: 2845

2018 гъэм мазаем и 2-м Москва и Даниловэ къулъшырыфым и Патриаршэ Синод хэщIапIэм Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я щихънагъ Феофилакт щыIущIащ Москва Патриархием и Iуэхухэр зезыгъакIуэ, Санкт-Петербургрэ Ладожскрэ я митрополит Варсонофий. Щихънагъ Феофилакт абы хутепсэлъыхьащ Тыркуменистаным зэрыкIуам,
Псыхуабэ епархием и члисэ гъащIэр зыхуэдэм. Варсонофий псом хуэмыдэу гъэщIэгъуэн щыхъуащ социальнэ проектхэр: хуэмыщIахэм папщIэ щыгъынхэр, шхын пщтырхэр зэрагуэшыр, сабий зеиншэхэмрэ ныкъуэдыкъуэхэмрэ саугъэтхэр тыгъэ зэрыхуащIыр. «Хъуромэ хуабэ», «Гъунэгъухэм дэIэпыкъу», «МэжалIэхэр гъашхэ», «ХуабагъкIэ
дадэвгъэгуашэ» проектхэм етIанэгъи пащэнущ. НэщI Иныр къыщыблагъэкIэ, «IутIыж гугъэ» Iуэхур ирагъэжьэнущ. Патриарх Кириллрэ митрополит Варсонофийрэ къабгъэдэкIыу Псыхуабэ епархием и клирикхэмрэ мамыр цIыхухэмрэ фIыщIэ хуащIащ нэгъабэ зэфIагъэкIа лэжьыгъэхэм папщIэ икIи къапэщылъ IуэхухэмкIэ Тхьэр къадэIэпыкъуну.

2845
Фотогалерея