ЕссэнтIыгу и ОМВД-м и Жылагъуэ палатэм хэтхэр щыIащ пIалъэкIэ тезыр зрагъэпшынхэр здэщыIэ тутнакъым. Советым и унафэщI Шаклеин Г. Айриев Р., Тхьэм и Анэм и «Всех скорбящих Родость» тхьэнапэм и цIэр зезыхьэ члисэм и унафэщI щоджэн нэхъыжь Стацюк Алексий я гъусэу зыхагъэгъуэзащ тезыр зрагъэпшынхэм я псэукIэм. Ахэр хагъэгъуэзащ ИВС-м зэрыкIуэнум теухуа тхылъхэм, тезыр зрагъэпшынхэр зэрыщаIыгъым.
Жылагъуэ советым хэтхэм зыщаплъыхьащ зыщагъэпскI, щызэIущIэ пэшхэм, медпунктым, шхапIэм я щытыкIэм кIэлъыплъащ. Жылагъуэм зэIущIэхэр ирагъэкIуэкIащ, тезыр зрагъэпшынхэм я узыншагъэр зыхуэдэм, я хуитыныгъэр къызэрызэпамыудым щэупщIащ. Полицэм и лэжьакIуэхэм, я псэукIэм теухуауэ абыхэм тхьэусыхафэ яIэкъым.