Тхьэм и умэхъакIуэм и махуэшхуэр щагъэлъэпIащ епархием и члисэхэм

21.01.2018
Просмотры: 3067

2018 гъэм щIышылэм и 19-м Тхьэр умэхъын щащIа махуэшхуэм щыIущIащ епархием и члисэхэм. Махуэшхуэ тхьэлъэIу литургиер ирагъэкIуэкIащ, псыр ягъэнэхуащ.
Суворовскэ станицэм фIэщхъуныгъэ зиIэхэр Кумэ псым зэгъусэу кIуащ. Тхьэм папщIэ Верэ, Надеждэ, Любовь, абыхэм я анэ Софие сымэ я цIэр члисэм и унафэщI щоджэн нэхъыжь Иванилов Роман псыр гъэнэхун къулыкъур иригъэкIуэкIащ. Хабзэ зэрыхъуауэ щIалэхэр купель мылым хыхьащ. Псыхуабэ и Спасскэ кафедральнэ члисэ зэхуэхьэсам и клирик щоджэн Великородный Димитрий махуэшхуэм ирихьэлIэу «Кораблик» сабий гъэсапIэ №2- м щыIащ. Щоджэныр сабийхэм махуэшхуэм яхутепсэлъыхьащ, псыр а махуэм зэрагъэнэху хабзэм щIыгъуу. Сабийхэм махуэшхуэм теухуа сурэтхэр ящIащ. ИужькIэ щоджэным сабийхэм ялъигъэIэсащ гъэнэхуа псым щыщ. ЩIышылэм и 19-м ЕссэнтIыгу щыпсэухэр къалэм и гуэлым щызэхуэсащ. Псыр игъэнэхуащ къалэм и Пантелеимоновскэ члисэм и унафэщI щоджэн
Журавлёв Михаил. Къызэхуэсахэм гъэнэхуа псым щыщ ялъигъэIэсащ. Абыхэм ящыщт къалэм и Iэтащхьэ Некристов Александр. Щоджэным гуэлым и купелыр игъэнэхуащ. Япэу абы и щIэм жорыр къыщыблэрт. Купелым деж автобусхэм къыщызэрагъэпэщащ зыщахуапэ-зыщатIэщI щIыпIэхэр. Полицэм и лэжьакIуэхэм шынагъуэншагъэр къызэрагъэпэщащ, къегъэлыныгъэ, медицинэ дэIэпыкъуныгъэхэр хуащIащ. Махуэшхуэм къэкIуахэм шей пщтыррэ шашлыкрэ къапэплъэрт. Къалэдэсхэм я нэгу зрагъэужьащ «Казачья душа» гупым. Ансамблым концерт программэм къищынэмыщIауэ къафэхэр, нэгъуэщI джэгукIэхэр игъэхьэзыращ.
Махуэшхуэ тхьэлъэIу нэужьым Комсомолец къуажэм щихъ Радонижский Сергий и цIэр зезыхьэ члисэм тхьэлъэIу щригъэкIуэкIащ щоджэн Лукьянченкэ Георгий псыр гъэнэхун къулыкъур щригъэкIуэкIащ Золкэ къуажэм. Мы къуажэм япэ дыдэу щоджэныр тхьэ щелъэIуащ члисэм екIуэлIэну Iэмал зимыIэхэм я гъусэу. Черкесск и Никольскэ члисэ зэхуэхьэсам и клирик щоджэн Гурин Александр жьы хъуахэмрэ ныкъуэдыкъуэхэмрэ я къалэ интернатым щыIэхэм махуэшхуэмкIэ ехъуэхъуащ икIи псыр игъэнэхуащ. Интернатым и администрацэм и жэрдэмкIэ щоджэным интернатым и хэщIапIэр игъэнэхуащ. 2018 гъэм щIышылэм и 19-м Александр щыIащ нэфхэм я урысейпсо зэгухьэныгъэм и республикэ къудамэм. Махуэшхуэм теухуахэм ар яхутепсэлъыхьри, аб псыр игъэнэхуащ. Котляревскэ станицэм (КъБР) Деменюк псыр щагъэнэхуащ. Къэзакъхэм мафIэр, шей пщтырыр ягъэхьэзыращ. Гъэнэхун къулыкъур иригъэкIуэкIащ станицэм и Покров члисэм и унафэщI щоджэн Арманов Николай.
Кисловодск къалэ-зыгъэпсэхупIэм и Никольскэ члисэ зэхуэхьэсам тхьэлъэIу литургием пасэ нэужьым члисэ зэхуэхьэсам псыр щагъэнэхуащ, яухуэ члисэ цIыкIум деж. ПсапащIэхэмрэ ухуакIуэхэмрэ я гулъытэм и фIыгъэкIэ, пIалъэ кIэщIым къриубыдэу псыр щагъэнэху члисэ цIыкIу махуэшхуэм ирихьэлIэу ягъэхьэзырыну мурад ящIащ.
Литургие нэужьым Иордань зэгъусэ тхьэлъэIу щрагъэкIуэкIащ.
ФIэщхъуныгъэ зиIэхэм, махуэшхуэ тропарыр жаIэу, зыгъэпсэхупIэ паркым и псынэпсым ехащ. Псыр гъэнэхун къулыкъур иригъэкIуэкIащ Кисловодск округым и благочиннэ, Никольскэ члисэ зэхуэхьэсам и щоджэн нэхъыжь Знаменский Иоанн, Кисловодск члисэм и щоджэнхэм ящIыгъуу. Зэгъусэ тхьэлъэIумрэ псыр гъэнэхун къулыкъумрэ хэтащ къалэ-зыгъэпсэхупIэм щыпсэухэмрэ абы и хьэщIэхэмрэ, Чристэн гимназием щеджэхэр, щIалэгъуалэр, къалэм и къэзакъ зэгухьэныгъэм и къэзакъхэм атаман Финенкэ Сергей я пашэу.
А махуэм «Сретение» чристэн щIалэгъуалэ центрым щыщхэмрэ гимназием и класс нэхъыжьхэм щеджэхэмрэ махуэшхуэ тропарымрэ кондакымрэ зэрыт тхылъымпIэ 3000-м щIигъу ятащ, махуэшхуэм теухуахэри щызэхуэхьэсауэ. А махуэм Никольскэ члисэ зэхуэхьэсам и екIуэлIапIэм и щIалэгъуалэр хэтащ къалэ Центрым и «Маршрут здоровья» Iуэхум. Кисловодск и щIалэгъуалэр щызэхуэсащ КъегъэлакIуэмрэ Телъыджэ къэзыгъэхъу Николайрэ я архитектурэ теплъэм. Гимназием и гъэсэн Решетников Александр Тхьэм и нэфI зыщыхуам тепсэлъыхьащ. Никольскэ члисэ зэхуэхьэсам зэхыхьэм хэтхэр кIуащ икIи митрополит «Илларион» и «Крещение» фильмым щеплъащ «Святыни земли родной» члисэ музейм.

3067
Фотогалерея