Илъэс 20-м щIигъуауэ Железноводск щIышылэм и 13-м щокIуэкI «Хъуромэ зэIущIэхэр» концертыр. 2018 гъэм и программэр теухуауэ щытащ зэманымрэ ар псынщIэу зэрыкIуэмрэ. Къалэм щыпсэухэмрэ абы и хьэщIэхэмрэ ехъуэхъуащ Железноводск и Покров члисэм и унафэщI щоджэн нэхъыжь Бондарчук Андрей. Абы ягу къигъэкIыжащ Христос и хъуромэм къызэрыдэбжэр икIи КъегъэлакIуэр псэуху зыщамыгъэгъупщэну ягу къигъэкIыжащ. Махуэшхуэр щиухым хьэрэкIытIэхэр драгъэлъэтеящ.