Щихънагъ Феофилакт Георгиевскэ къулъшырыфым лъапIэныгъэр игъэIэпхъуащ

14.01.2018
Просмотры: 3725

2018 гъэм щIышылэм и 13-м Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я щихънагъ Феофилакт Тхьэм и Анэм и «Благодатная» тхьэнапэ Афон Бгы ЛъапIэм Бештаурскэ къулъшырыфым папщIэ щатхар Георгиевскэ цIыхубз къулъшырыф Дубровкэ бгым тетым игъэIэпхъуащ. ЛъапIэныгъэм IущIащ къулъшырыфым щыIэхэр, «София» екIуэлIапIэ-пансионатым и гъэсэнхэр. Пастыр нэхъыщхьэм иригъэкIуэкIащ Георгиевскэ члисэм и тхьэлъэIу литургиер. Щоджэным къулыкъур драгъэкIуэкIащ Административнэ секретариатым и унафэщI щоджэн Яковенкэ Илия, къардэн нэхъыжь Кубэ Димитрий, члисэм и щоджэнхэр.
ТхьэлъэIу нэужьым къулъшырыфым и унафэщI игумения Варварэ (Шурыгинэ) Щихънагъым тыгъэ хуищIащ Христос и хъуромэм и тхьэнапэр. Щихънагъ Феофилакт Варварэ тыгъэ хуищIащ сабийхэм зэрадэлажьэм папщIэ Щихънагъым и щIыхь тхылъыр, ухуакIуэ икIи къулъшырыфыр зи нэIэм щIэт Асланов Константин иритащ Патриаршествэр зэрзэфIагъэувэжрэ илъэси 100 зэрырикъум папщIэ медалыр. Апхуэдэу Щихънагъым фIэщхъуныгъэ зиIэхэм узэщIыныгъэкIэ захуигъэзащ. ИужькIэ къулъшырыфым и хьэщIэхэм ехъуэхъуащ
«София» пансионым и гъэсэнхэр. Пастыр нэхъыщхьэм дэтхэнэ зы хъыджэбз цIыкIуми тыгъэ хуищIащ хъуромэ саугъэт.

3725
Фотогалерея