ЕкIуэлIапIэхэм махуэшхуэм щыпащэ

11.01.2018
Просмотры: 2352

Псыхуабэ епархием и екIуэлIапIэхэм Христос и хъуромэм ехьэлIа махуэшхуэхэм щыпащэ.
ЕссэнтIыгу и Петропавловскэ члисэм и унафэщI щоджэн Гриценко Виталий Уае Дадэм и гъусэу ХъуромэмкIэ щехъуэхъуащ тхьэмахуэ школым и гъэсэнхэм.

НыбжьыщIэхэм махуэшхуэ театр теплъэгъуэр къагъэлъэгъуащ, саугъэтхэр къратащ. Махуэшхуэр игъэдэхащ хьэрэкIытIэ драгъэлъэтеям. Тхьэм папщIэ бэлыхь куэд зрагъэшэча Илларион, станицэм и Петропавловскэ члисэм щыIэ Верейск и щихънагъым и цIэр зезыхьэ тхьэмахуэ школым и гъэсэнхэм я адэ-анэхэм, егъэджакIуэхэм, хьэщIэхэм я пащхьэм районым щэнхабзэмкIэ и унэм щагъэлъэгъуащ махуэшхуэм траухуа концертыр. Сабийхэм уэрэдхэр жаIащ, къэфащ, Христос и хъуромэм тепсэлъыхьащ. Тхьэмахуэ школым и унафэщI Оганезовэ Валентинэрэ Ипщэ Къэрэшей- Шэрджэс члисэ округым и екIуэлIапIэхэм я благочиннэ щоджэн нэхъыжь
Субтельный Евгенийрэ щIыхь тхылъхэр иратащ сурэт щIынымкIэ «Красота Божьего мира» зэпеуэм хэтхэм, чристэн щэнхабзэм и лъабжьэмкIэ «Русь святая, храни веру православную» олимпиадэм и школ, муниципальнэ Iыхьэм хэтхэм, Петропавловскэ члисэм Хъуромэ выставкэм зи лэжьыгъэхэр щызыгъэлъэгъуахэм. Тхьэмахуэ школым и гъэсэн псоми, ахэр мы гъэм 150-рэ мэхъу, саугъэтхэр иратащ Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я щихънагъ Феофилакт къыбгъэдэкIыу. Новоблагодарнэ къуажэм и Покров члисэм деж щагъэува Хъуромэ псейм деж зыкъыщагъэлъэгъуащ тхьэмахуэ школым и гъэсэнхэм, сабий гъэсапIэ №9-м щеджэхэм, екIуэлIапIэм кIуэхэм я бынхэм. Сабийхэм хъуромэ уэрэдхэр, усэхэр жаIащ, хъуромэм теухуа теплъэгъуэхэр къагъэлъэгъуащ. НыбжьыщIэхэм саугъэтхэр иратащ, псалъэ гуапэхэр жраIащ, члисэм и унафэщI щоджэн нэхъыжь Углов Сергий къыбгъэдэкIыу.

2352
Фотогалерея