Щоджэным сабий унэм и гъэсэнхэм саугъэтхэр яритащ

29.12.2017
Просмотры: 2791

2017 гъэм дыгъэгъазэм и 28-м Кисловодск къалэм и сабий унэм щекIуэкIащ ИлъэсыщIэ махуэшхуэм иращIэкI зэхыхьэр. Сабийхэм ехъуэхъуну къэкIуащ къалэ администрацэм и лIыкIуэхэр, Крестовоздвиженскэ члисэм и унафэщI щоджэн нэхъыжь Лиманов Гермоген, илъэс зыбжанэ хъуауэ сабий унэм дэлажьэм. ХьэщIэхэм ирагъэлъэгъуащ махуэшхуэ концерт я гъэсэнхэм ягъэхьэзырар. Къызэхуэсахэр хэтащ псейм иращIэкIа къафэм.
Махуэшхуэм и кIэм Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я щихънагъ Феофилакт къыбгъэдэкIыу унафэщIыр сабийхэм ехъуэхъуащ къэблагъэ Хъуромэмрэ ИлъэсыщIэмкIэ. Щихънагъым и арэзыныгъэкIэ, «Хъуромэ хуабэ» Iуэхум хыхьэу сабийхэм IэфIыкIэхэмрэ телевизорышхуэрэ тыгъэ хуащIащ. Саугъэтхэр къащэхуащ Крестовоздвиженскэ, Пантелеимоновскэ члисэхэм, Кисловодск Тхьэм и Анэм и «Живономсный источник» тхьэнапэм и цIэр зезыхьэ и члисэм щызэхуахьэса ахъшэмкIэ.

2791
Фотогалерея