Налшык ягу къыщагъэкIыжащ щоджэн нэхъыжь Остапчук Иоанн

29.12.2017
Просмотры: 3641

2017 гъэм дыгъэгъазэм и 28-м, Налшык къалэм щихъ Столпник Симеон и цIэр зезыхьэ и члисэ зэхуэхьэсам и унафэщI щоджэн нэхъыжь Остапчук Иоанн дунейм зэрехыжрэ илъэс 20 щрикъум члисэм щрагъэкIуэкIащ тхьэлъэIухэр. Ар иригъэкIуэкIащ Налшык члисэ округым и екIуэлIапIэхэм я благочиннэ щоджэн нэхъыжь Бобылев Валентин.
А махуэм Налшык округым и благочинием и щоджэнхэм гуэныхьхэр щаIуэтэжащ. Къулыкъу нэужьым щоджэнхэр къалэкхъэм Тхьэ щелъэIуащ. Хабзэ зэрыхъуауэ тхьэлъэIум хэтащ дунейм ехыжам и благъэхэр. Иоанн и къуэ Александр члисэ зэхуэхьэсам тыгъэ хуищIащ Столпник Симеон и тхьэнапэр.

3641
Фотогалерея