Щихънагъ Феофилакт Спасскэ кафедральнэ члисэ зэхуэхьэсам литургие щригъэкIуэкIащ

25.12.2017
Просмотры: 1826

2017 гъэм дыгъэгъазэм и 24-м Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я щихънагъ Феофилакт Псыхуабэ и Спасскэ кафедральнэ члисэ зэхуэхьэсам тхьэлъэIу литургие  ригъэкIуэкIащ. Щоджэн нэхъыщхьэм къулыкъур драгъэкIуэкIащ члисэ зэхуэхьэсам и клирикхэм. Пастыр нэхъыщхьэм къулыкъур дащIэну къызэхуэсащ Псыхуабэ щыпсэухэр, къалэм зыщызыгъэпсэху хьэщIэхэр. ХъыбарыфIхэр зэрыт тхылъ лъапIэм итхэм къеджа нэужь, щихънагъым фIэщхъуныгъэ зиIэхэм захуигъэзащ. Щихънагъ Феофилакт екIуэлIапIэм кIуэхэм члисэ зэхуэхьэсам и щIалэгъуалэ центрым щепсэлъащ.

1826
Фотогалерея