Тэрч студентхэр дин лэжьакIуэхэм щыIущIащ

17.12.2017
Просмотры: 2683

Мы махуэхэм Къэбэрдей-Балъкъэр аграрнэ университетым Тэрч щиIэ къудамэм район администрацэм и лэжьакIуэхэр, Солдатскэ станицэм Тхьэм и Уэхьий Михаил и цIэр зезыхьэ и члисэм и унафэщI Молдованов Евгений, Къэрэгъэш къуажэм и Iимам Нагрев Марат сымэ студентхэм щыIущIащ. Зэхыхьэр щIэблэм я гъэсэныгъэмрэ терроризмым пэщIэтынымрэт зытеухуар. ЗэIущIэм хэтхэр тепсэлъыхьащ щIалэгъуалэр зрихьэлIэ Iуэху зэIумыбзхэм, абыхэм я хэкIыпIэм. Зэхыхьэм иджыри пащэну зэгурыIуащ.

2683
Фотогалерея