2017 гъэм дыгъэгъазэм и 11-м ЕссэнтIыгу къалэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм щекIуэкIащ епархием и "Нравственные ценности и будущее человечества" Хъуромэ
къеджэныгъэхэр. Зэхуэсым и лэжьыгъэр иригъэкIуэкIащ Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я щихънагъ Феофилакт. Къеджэныгъэхэр къызэIуахащ Ставрополь крайм, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым ЕгъэджэныгъэмкIэ я министрхэм.
«Нравственнэ егъэджэныгъэм ехьэлIа Iуэхухэр щыдгъэзащIэкIэ чристэн лъапIэныгъэхэр, зэныбжьэгъугъэ зэпсэлъэныгъэхэр, тхыдэ-щэнхабзэ щIэинхэр хуэсакъыу хъумэным гулъытэ худощI. Министерствэмрэ Псыхуабэ, Черкесск епархиемрэ Урысейм и тхыдэ, чристэн щэнхабзэр хъумэным теухуаэ зэрыздэлажьэм и мыхьэнэр къыдолъытэ.», - щыжыIащ Ставрополь крайм егъэджэныгъэмрэ щIалэгъуалэ политикэмкIэ и министр Козюр Евгения зэхыхьэм хэтхэм защыхуигъазэ тхыгъэм.
«Иджырей зэхыхьэр зэредгъэкIуэкIым къегъэлъагъуэ къулыкъущIэхэмрэ Члисэмрэ зэпсэлъэну, зэдэлэжьэну, мамырыгъэр зэдагъэбыдэну, лъэпкъ, дин зэмылIэужьыгъуэхэм ит лъэпкъхэм я зэгурыIуэныгъэм зрагъэужьыну зэрыхьэзырыр», - къыхигъэщащ КъШР-м егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министр Кравченкэ Иннэ.
Лъэпкъ, дин зэхущытыкIэхэр егъэфIэкIуэным и IуэхукIэ Псыхуабэ, Черкесск епархием и лэжьыгъэхэм я мыхьэнэр къилъытащ КъБР-м егъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министр Емуз Нинэ. Къеджэныгъэхэм хэтхэм фIэхъус ярихащ ЕссэнтIыгу къалэ администрацэм и Iэтащхьэ Некристов Александр. Ставрополь крайм и муфтий Рахимов Мухьэммэд чристэн лъапIэныгъэхэр зыхуэдэм къытеувыIащ икIи къыхигъэщащ фIэщхъуныгъэхэр зэкъуэзыгъэувэну Iуэхугъуэхэр утыку къызэрырихьэнур. Духовнэ-нравственнэ гъэсэныгъэм теухуа и Iуэху бгъэдыхьэкIэхэмкIэ къызэхуэсахэм ядэгуэшащ Лермонтовэ къалэм и курыт еджапIэ №2-м и унафэщI
Коломиец Михаил. Абыи лэжьэгъу егъэджакIуэхэр къыхуриджащ щIалэгъуалэм я духовнэ-нравственнэ, патриот гъэсэныгъэм щIыналъэ компонентхэр хагъэхьэну. Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я щихънагъ Феофилакт тепсэлъыхьащ иджырей чристэн цIыхум и гъащIэм гъэсэныгъэм щиубыд увыпIэм. Пушкиным и псалъэхэр абы зэхуэсахэм ягу къигъэкIыжащ: «Уи адэжьхэм пщIэ яхуумыщIыныр гъэсэныгъэ зэрыпхэмылъым и япэ нэщэнэщ».
Пастыр нэхъыщхьэр къытеувыIащ Члисэмрэ школхэмрэ зэрыздэлажьэм. Абы къыхигъэщащ еплIанэ классхэм щIэсхэм я адэ-анэхэм чристэн щэнхабзэм и лъабжьэ модулыр нэхъ къызэрыхахыр. Щихънагъ Феофилакт духовнэ- нравственнэ гъэсэныгъэм курыт еджапIэм и ику ит классхэм я дежи щыпащэну къыхилъхьащ. Щоджэн нэхъыщхьэм къыхигъэщащ епархием и «Зелёный Афон», «ДыгъафIэ къалэ», «Целебный Ессентуки», «Вера» радиом, богословскэ- катехизатор курсхэм егъэджэныгъэ мыхьэнэ зэраIэр. Чристэн псапащIэм и щапхъэр – щIэблэм чристэн дерс нэхъыфI егъэлъагъунырщ, - жиIащ щихънагъым. Абы къыхилъхьа Iуэхугъэуэхэр къилъытащ епархием дин щIэныгъэмрэ катехизацэмкIэ и къудамэм и унафэщI щоджэн нэхъыжь Фаустов Константин къеджэныгъэхэм я тхыгъэм и гугъу щищIым.
"Красота Божьего мира", "К 100-летию патриаршей интронизации святителя Тихона", "Лучший учитель Основ православной культуры" зэхьэзэхуэхэм пашэ щыхъухаэр ягъэлъэпIащ. Къеджэныгъэхэр концерткIэ зэхуащIыжащ.