Тхьэм папщIэ бэлыхь куэд зрагъэшэчахэм я фэеплъ махуэм траухуащ гимназием и дерсыр

02.12.2017
Просмотры: 2500

2017 гъэм дыгъэгъазэм и 1-м Черкесск и Свято-Сергиевскэ гимназием ОПК- мкIэ и дерсым ягу къыщагъэкIыжащ Тхьэм папщIэ бэлыхь куэд зрагъэшэча Иоасаф (Жевахов), Могилёвск и щихънагъыр. 2017 гъэм дыгъэгъазэм и 4-м илъэс 80 ирикъащ щихъыр дунейм зэрехыжрэ. Иоасаф 1932 гъэм Псыхуабэ епархием и унафэщI хъуащ икIи ар гъэбыдэным хэлъхьэныгъэфIхэр хуищIащ. Дерсым хэтащ гимназием и 1-4 классхэм щеджэхэр. Сабийхэм яхутепсэлъыхьащ щихъым и гъащIэм. КъищынэмыщIауэ, Александр еджакIуэхэр иригъэплъащ Иоасаф и гъащIэм теухуа документальнэ фильм, Псыхуабэ епархием Тхьэм папщIэ бэлыхь куэд зрагъэшэчахэмрэ гуэныхьхэр зрагъэIуэтэжа и
цикл «Тхьэм и нэфI зыщыхуа Кавказ» студием игъэхьэзырам щыщым. НыбжьыщэIхэм нэхъ гъэщIэгъуэн ящыхъуащ тхыдэ сурэтхэр, дерсым папщIэ Звериницкэ къулъшырыфым щыщхэм къагъэхьахэр. Дерсхэр щIэщыгъуэу екIуэкIащ икIи нэхъапэIуэкIэ яджахэр ягу къыщагъэкIыжащ. Никольскэ члисэ зэхуэхьэсам и клирик щоджэн Гурин Александр еджакIуэхэр къыхуриджащ Тхьэм папщIэ бэлыхь куэд зрагъэшэча Иоасаф елъэIуну щытыкIэ гугъу къыщихутэкIэ.

2500