Благочиннэр хэтащ террорым пэщIэтынымкIэ комиссэм и зэхыхьэм

02.12.2017
Просмотры: 2413

Зеленчукскэ районым террорым пэщIэтынымкIэ и комиссэм и зэIущIэм нэхъыщхьэу зи гугъу щащIар террорым нэхъ хуэлъэ цIыхухэм, Интернет сетхэри хыхьэу, гъэзэщIакIуэ властым и органхэмрэ КъШР-м и Зеленчукскэ муниципальнэ районым и щIыпIэ самоуправленэмрэ я лэжьыгъэр егъэфIэкIуэнырщ.
А темэм ехьэлIа доклад ищIащ ЦПЭ МВД-м и оперуполномоченнэу КъШР-м щыIэ Алкамаев Х. А., МО МВД «Зеленчукский» уголовнэ къэлъыхъуэныгъэмкIэ къудамэм и оперуполномоченнэ Кубанов К. Б. Япэ докладым щытепсэлъыхьащ я бынхэр интернетым зэрисым адэ-анэхэр кIэлъыплъын зэрыхуейр. Доклад зыщIым жэуап иритыфакъым Зеленчукскэ районым щыпсэухэм папщIэ щыIэ хъыбарегъащIэ порталхэр зыхуэдэм теухуа упщIэм.
Дин экстремизмым пэщIэтыным теухуауэ щыIэ Iэмалхэр щIэгъэхуэбжьэным ехьэлIауэ ящIа етIуанэ докладым къыщыхагъэщащ щоджэнхэмрэ екIуэлIапIэм кIуэхэмрэ нэхъ зэдэлэжьэныр хэкIыпIэу зэрыщытыр. Доклад зыщIым щапхъэу къихьащ Сирие Хьэрып республикэм зауэм хэтын папщIэ Зеленчукскэ районым щыщ цIыху 28-рэ зэрыкIуар, Малокарачаевскэм щыщу, къэбгъэлъагъуэмэ, 19. А бжыгъэхэм ятепщIыхьмэ, Малокарачаевскэ районым лэжьыгъэхэр Iуэхум ехьэлIауэ нэхъ зэрыщекIуэкIым щыхьэт тохъуэ, Зеленчукскэ районым нэхърэ. 

Докладым къыщагъэлъэгъуа Iуэхугъуэхэм ятепщIыхьмэ, Ипщэ Къэрэшей- Шэрджэс члисэ округым и екIуэлIапIэхэм я благочиннэ щоджэн нэхъыжь Субтельный Евгений доклад зыщIым гу лъригъэтащ Малокарачаевскэ районым и курыт еджапIэхэм илъэс зыбжанэ хъуауэ адэ-анэхэм ОРКЭ модулыр ирагъэджыну ислъам щэнхабзэм и лъабжьэр къызэрыхахыр. НэгъуэщI районхэм Iуэхур нэгъуэщIущ зэрыщытыр. Благочиннэм а Iуэхугъуэхэм гу лъаригъэтащ. Районым и жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм щIэблэм я хэкупсэ гъэсэныгъэм теухуауэ щрагъэкIуэкI лэжьыгъэм теухуауэ къэпсэлъащ МО МВД «Зеленчукский» Жылагъуэ советым и унафэщI, полицэм и ветеранхэм я унафэщI, милицэм и майор Батчиев Мухат. Абы къызэхуэсахэр зыубгъуауэ хигъэгъуэзащ дин экстремизмыр къэмыгъэхъунымрэ хэкупсэ гъэсэныгъэм щIэблэр щIэпIыкIынымкIэ
Зеленчукскэ районым щрагъэкIуэкIа зэхыхьэхэм.

2413