Щоджэным фIэхъус ярихащ къалэ сабий фестивалым хэтхэм

01.12.2017
Просмотры: 2760

ЩэкIуэгъуэм и кIэхэм Прохладнэ къалэм (КъБР) и еджакIуэхэр щызэхуэсащ "Под мирным небом мы живём" фестивалым. Ар къызэригъэпэщащ къалэм егъэджэныгъэмкIэ и управленэм. Уэрэдхэр, къафэхэр, усэхэр, театр теплъэг уэхэр теухуат лъэпкъхэм я зэныбжьэгъугъэм. ЕджакIуэхэм екIуу зыкъагъэлъэгъуащ. Зэпеуэм хэтхэм ехъуэхъуну зэхуэсат телъыджэ къэзыгъэхъу Николай и цIэр зезыхьэ члисэм и унафэщI щоджэн нэхъыжь Маршалкин Андрейрэ Прохладнэ къалэм, Прохладнэ, Май районхэм я раис-Iимамым и дэIэпыкъэугъу Нэгъуей Маратрэ. Щоджэныр къызэхуэсахэмрэ фестивалым хэтхэмрэ ехъуэхъуащ я адэ-анэхэм пщIэ хуащIыну, мамыру псэуну, заужьыну. Абы ягу къигъэкIыжащ къэкIуэнур щалэгъуалэм я IэмыщIэ зэрилъыр.

2760