Тхьэмахуэ школыр щыIащ Минераловодскэ округым и члисэхэм

01.12.2017
Просмотры: 2768

Псыхуабэ телъыджэ къэзыгъэхъу Николай и цIэр зезыхьэ и члисэм и сабий тхьэмахуэ школым и егъэджакIуэхэр, гъэсэнхэр, адэ-анэхэр щыIащ Минераловодскэ благочинием и члисэхэм. Минводы Тхьэм и Анэм и Покров члисэм и унафэщI щоджэн нэхъыжь Панасенкэ Алексий хьэщIэхэм гуапэу къыщыIущIащ. Абыхэм заригъэплъыхьащ. ЩIыналъэ лъапIэм Тхьэ елъэIуну кIуахэм, Феодосий и къарум щыщ Iыхьэхэм лъэIэсащ. ХьэщIэхэр шха нэужь, Минводы телъыджэ къэзыгъэхъу Николай и цIэр зезыхьэ и члисэм кIуащ. ХьэщIэхэр хагъэгъуэзащ члисэм и тхыдэм, абы и лъапIэныгъэхэм. Щоджэн нэхъыжь, члисэм и унафэщI Чемодуров Кирилл псоми дагъэ гъэнэхуам щыщ ялъигъэIэсащ,  ари къалэм телъыджэ къэзыгъэхъу Николай и къарум щыщ IыхьэхэмкIэ ягъэнэхуар.
Анджиевскэ къуажэм апостол Богослов Иоанн и цIэр зезыхьэ и члисэм щоджэн нэхъыжь Тарнакин Максим къыщытеувыIащ члисэм и ухуэныгъэм. Ахэр Тхьэмрэ цIыхухэмрэ хуаIэ лъагъуныгъэм тепсэлъыхьащ. ЩIыналъэ лъапIэм Тхьэ елъэIуну кIуахэр Иноземцевэ къуажэм Тхьэм и Анэм и Успения члисэм кIуащ. Члисэм и унафэщI щоджэн Пытайло Иоанн члисэм къытеувыIащ. ХьэщIэхэр Иоанн игъэхьэщIащ.

2768
Фотогалерея